ТекIуэныгъэ Иным и щIыхькIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм УФ-м щIыхь зиIэ и тренер Ныр Сеф и цIэр зезыхьэ и спорт еджапIэм дзюдомкIэ республикэ зэхьэзэхуэ Налшык къалэм щригъэкIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 80 мы гъэм зэрырикъум. Зэпеуэм хэтащ ди республикэм и щIыналъэ псоми я бэнакIуэ ныбжьыщIэу 134-рэ икIи ахэр гупибгъуу ягуэшат.

 Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Хапаев Даниял (кг 34-рэ), Башиев Алим (кг 38-рэ), Хъурсинэ Марат (кг 42-рэ), Хачанов Артур (кг 46-рэ), Бычэ Къантемыр (кг 50), Балэ Темырлан (кг 55-рэ), Мэлыхъуэ Марат (кг 60), Хуцинэ Рустам (кг 66-рэ), Асадов Астемыр (кг 66+) сымэ.

Спортсменхэм ядэлажьэр Бунятов Али-Заде, Джэданэ Залым, Дзухэ Беслъэнрэ Залымрэ, Рахманов Валерий, Тау Азэмэт, ГъуэплъащIэ Астемыр, Куп Эдуард, Къамбий Мартин сымэщ.

                                               Сабийхэм я зэхьэзэхуэ

«ЛокоДзюдо» - сабийхэм я урысейпсо зэпеуэм и къыкIэлъыкIуэ Iыхьэр Башкирием и къалащхьэ Уфа иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ УФ-м и щIыналъэхэм ящыщу 37-м, хамэ къэрали 10-м я бэнакIуэ 900-м нэблагъэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу абы щыIащ ди щIыналъэм щынэхъ лъэщ бэнакIуэ ныбжьыщIэхэр икIи ехъулIэныгъэфIхэр абы щызэIэрагъэхьащ. ЖыпIэнурамэ, Джафаров Инал (кг 38-рэ), Абазэ Самир (кг 42-рэ), Къэжэр Самир (кг 46-рэ), Къунаш Дамир (кг 66-рэ) сымэ япэ увыпIэхэр къахьащ. Срыкъуэ Ахьмэд (кг 50) етIуанэ, Дидан Идар (кг 46-рэ) ещанэ хъуахэщ.

 Командэм зыщигъасэр Налшык дэт «Локомотив» спорт клубырщ, тренерхэр Джэданэ Залымрэ Мырзэбэч Азэмэтрэщ.

                                                                              ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться: