Спорт зэIущIэхэр

 Адыгэхэм я фэеплъ махуэму

Адыгэхэм я щыгъуэ махуэм теухуауэ дзюдомкIэ республикэ зэхьэзэхуэ Кэнжэ къуажэм дэт спорткомплексым щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ КъБР-м и щIыналъэхэм я бэнакIуи 129-рэ, 2012 гъэм къалъхуауэ.

Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ ХьэщIэдыгъу Сэльдар, Джафаров Инал, Натадзе Георгий, Къэжэр Самир, Дудар Алъихъан, Куэшэр Инал, Мисиров Мансур, Уэрыш Жэмал, Къардэн Iэмин, Тэрчокъуэ Дамир сымэ.

ЕтIуанэ хъуахэщ Абазэ Ислъам, Куэцэ СулътIан, ГъущIо Iэдэм, Дидан Идар, Молэ Ахьмэд, Егъуэж Ратмир, Молей Алий, Къунаш Дамир, Гавриш Денис, Дол Къантемыр сымэ.

Сыжажэхэ Радионрэ Мансуррэ, Шорохов Хъусейн, Щокъуий Ренат, Абазэ Самир, Батыр Дамир, Мурачай Мухьэмэд, Щамырзей Дамир, Срыкъуэ Ахьмэд, Къанкъул Алан, Багиров Айдар, Шыбзыхъуэ Басир, Къатинэ Инал, Абей Аслъэн, Шагъыр Тимур, Новокрещенов Тимофей, Хъумар Мурат, КIыщ Алан, Махуэ Азнаур сымэ ещанэ увыпIэхэр къахьащ.

БэнакIуэхэр зыгъасэр Иванов Дмитрий, Апхудэ Андзор, Тау Азэмэт, ГъуэплъащIэ Астемыр, Соблыр Рустам, Хъумар Марат, Дзухэ Беслъэнрэ Залымрэ, Джэданэ Залым, Сэралъп Олег, Бэгъуэт Мухьэмэд, Емкъуж Рустам, Ким Руслан, ГъущIапщэ Самир сымэщ.

 

 

 

Псоми медаль зырыз

Урысей Федерацэм КФЛ-ММА-кIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэу Ставрополь крайм и Нартсанэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIам Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсмени 8 хэтати, ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэрагъэхьащ – абыхэм ящыщу медалыншэ зыри хъуакъым.

И хэлъагъ елъытауэ щызэуа гупым япэ увыпIэр къыщихьащ Чеченцев Данил. ЕтIуанэ хъуахэщ Къэзан Русланрэ Бжьынау Ислъамрэ. Мэзыхьэ Хьэсанш, Степанян Арташ, Къуэдзокъуэ Инал, Чэт Темболэт, Вэрокъуэ Рэмэзан сымэ ещанэ увыпIэхэр яубыдащ.

Абы къыдэкIуэу, Къэзан Русланрэ Бжьынау Ислъамрэ УФ-м спортымкIэ и мастерым и кандидат мардэхэр ягъэзэщIащ.

Командэм и тренерыр Азизов Хъанларщ.

 

 

 

ТIури къыхожаныкI

«Парафест» фIэщыгъэр зэрихьэу паралимпийскэ спортымкIэ шабзауэхэм я урысейпсо зэхьэзэхуэ Мэзкуу областым щекIуэкIащ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 14-м зи Iэпкълъэпкъым сэкъат иIэ я спортсмени 160-рэ.

  Спортсменхэр спорт лIэужьыгъуиплIкIэ зэпеуащ махуитIкIэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу  абы цIыхуитI хэтащ икIи шабзауэхэм я зэпеуэм тIуми медалхэр къыщахьащ. Къардэн Тамарэ япэ увыпIэр, Балъкъэр Дисанэ етIуанэр яубыдащ.

Ди спортсменхэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Кулюшинхэ Александррэ Натальерэ.

  

 

 

 БЭБЭЧ Башир.

 

Поделиться: