ПсыщIэгъэлъадэм и махуэ

ПсыщIэгъэлъадэм и махуэр гъэлъэпIэн хуейуэ ди къэ­ралым япэу щагъэувар СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым 1976 гъэм накъыгъэм и 24-м къищта унафэм ­тетущ. Абы къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, а Iуэхум пыщIа ­IэнатIэхэм гулъытэ хэха хуащI мэкъуауэгъуэм и япэ тхьэма­хуэ махуэм. 

Совет къэралым и унафэщIхэм щIыгулъым псы егъэ­гъуэтыным хуэфащэ унафэ тращIыхьу илъэс куэдкIэ къе­кIуэкIащ. Дызэрыт зэманми УФ-м и мэкъумэшыщIэхэм мы Iуэхум мыхьэнэ ин зэриIэм шэч къытрахьэркъым. 
ПсыщIэгъэлъадэм и махуэр зэхъуэкIыныгъэхэм я лъэхъэнэм «ящыгъупщэж» пэтами, УФ-м и Президентым 2000 гъэм къищта унафэм ипкъ иткIэ абы «кърагъэгъэзэжащ». ИкIи мыр ди къэралым, нэхъапэхэми хуэдэу, мэкъуауэгъуэм и япэ тхьэмахуэ махуэм гъэ къэс щызэдаIэт мэкъумэшым епха, абы зи гуащIэ хэзылъхьэ псоми. Апхуэдэщ, зэрыгурыIуэ­гъуэщи, агрономхэр, инженерхэр, фермерхэр, щIым пыщIа IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я унафэщIхэмрэ IэщIагъэлIхэмрэ: механикхэр, гублащхьэдэсхэр, нэгъуэщIхэри.
ПсыщIэгъэлъадэм и махуэм хуэфащэ гулъытэ хуащI мэкъу­мэшым пыщIа IэнатIэхэм щыхуагъэхьэзыр университетхэм, академиехэм щезыгъаджэхэми, абыхэм я гъэсэнхэми, щIым нэхъ пыщIа къуажэхэм дэсхэми.
Зи гугъу тщIы IэщIагъэр зезыхьэхэм я къалэнщ щIыгулъым и фIагъэм кIэрамыгъэхуу, гъавэм и бэвагъым хагъэхъуэ­нымкIэ Iэмалу яIэр хузэщIагъэуIуэныр, къагъэсэбэп Iэмэ­псымэхэр ягъэзащIэ лэжьыгъэм хуэхьэзыру сытым дежи щагъэтыныр, уэмрэ псыдзэмрэ хьэсэхэр щахъумэныр. 
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэм къызэритымкIэ, ди республикэм, къэралым и дэIэ­пыкъуныгъэкIэ, 2024 гъэ блэкIам къриубыдэу псы зыщIагъэ­лъадэ вапIэхэм иджыри гектар мини 5-м щIигъу къыщыхагъэхъуащ. Абы хыхьэ гектар мини 3,7-р щIэрыщIэу явэжахэм ящыщщ. Лэжьыгъэхэр зэрыщрагъэкIуэкIар «Къэрал зэхуаку кооперацэмрэ экспортымрэ» федеральнэ проектым щыщу «МэкъумэшхэкIыр нэгъуэщI къэралхэм» лъэпкъ пэхуэщIэр ди щIыналъэм зэрыщагъэзащIэмрэ зи гугъу тщIы IуэхумкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ программэу «Урысейм и псыщIэгъэлъадэ комплекс» жыхуаIэмрэ тетущ. 
Мы пэхуэщIэхэр ди щIыналъэм зэрыщыпхагъэкIым къы­хэкIыу, гъэ блэкIам псыщIэгъэлъадэм пыщIа лэжьыгъэхэр ща­гъэхъеящ ди республикэм и Прохладнэ, Бахъсэн, Лэскэн, Май, Тэрч районхэм. А Iуэхугъуэхэм хохьэ хьэсэхэм псыр ткIуэпс-ткIуэпсурэ зэлъэзыгъэIэс, уэшхыпсыр зэбгрызыгъэкI IэмэпсымэщIэхэр зыхуэчэмхэм деж зэрыщагъэувыр. 
«2019 гъэм къыщыщIэдзауэ 2024 гъэр икIыху, Къэбэрдей-Балъкъэрым псы зыщIагъэлъадэ и щIыхэм иджыри гектар мин 35,5-рэ къыхэхъуащ. А лэжьыгъэм псори зэхэту сом мелардитIрэ мелуан 700-м нэблагъэ текIуэдащ. АбыкIэ дэIэпы­къуэгъуфIу къыщIэкIащ ««МэкъумэшхэкIыр нэгъуэщI къэралхэм», «Къэрал зэхуаку кооперацэмрэ экспортымрэ» проектхэр, - жеIэ КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Сыжажэ Хьэсэн. - Мы зэманым ирихьэлIэу псыр ткIуэпс-ткIуэпсурэ къэзыутIыпщ IэмэпсымэщIэхэр щедгъэгъэуващ гъавэхэкI зэмылIэужьыгъуэхэм ирагъэубыда гектар мини 3,5-м, жы­гы­щIэ цIыкIурэ мэракIуэзехьэу илъэс бжыгъэкIэ зыщыгугъхэр щыхаса гектар мин 23,6-м. Гектар мини 4-м нэблагъэм псыр зэрылъагъэIэс кIэнауэхэр щыхедгъэшащ». 
Зэрыщыту къатщтэмэ, ди республикэм и губгъуэ хьэсэхэм псыр лъэныкъуэ псомкIи зэбгрызыутхыкI Iэмэпсымэу 430-м щIигъу щагъэуващ. Абыхэм гектар мин 45-м нэблагъэм псыIагъэр щызэтраIыгъэ. 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: