ТIалэмир псоми ятокIуэ

Тренер цIэрыIуэ Къуэблэ Екъуб и цIэр зэрихьэу Мейкъуапэ къалэм дэт спорт уардэунэм щекIуэкIащ панкратионым­кIэ 21-нэ зэхьэзэхуэ зэIуха. Ар Совет Сою­зым и ЛIыхъужь Андырхъуей Хъусен и фэ­еплъуи щытащ. 

Зэпеуащ Адыгейм, Башкортостаным, ­Донецк республикэм, Ингушым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Къэбэрдей-Балъкъэ­рым, Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Шэ­шэ­ным, Краснодар, Ставрополь крайхэм я спортсмену 300-м нэблагъэ. 
Ди республикэм и щIыхьыр иIэту зэ­хьэзэхуэм хэтащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Ислъэмей къуажэм щыщ Хьэщыкъуей ТIалэмир икIи, ди гуапэ зэрыхъущи, и хьэ­лъагъ елъытауэ зыхэта гупым (кг 58-рэ) япэ увыпIэр къыщихьащ. 
ЩIалэм и ныбжьыр илъэс 14 хъууэ аращ, атIэми мыр и япэ текIуэныгъэкъым. ТIа­лэмир зэфIэкIыфIхэр зэриIэр зэхьэзэхуэ зэхуэмыдэхэм мызэ-мытIэу къыщигъэлъэгъуащ икIи лъагапIэхэми дэкIуеящ, ме­далхэр, кубокхэр къратащ. 
Хьэщыкъуейр зыгъасэр Щоджэн Артурщ. 

 

БЭТОКЪУЭ Мыхъутар.
Поделиться: