Адыгэхэр: нобэрей премьер-лигэм

Иджыри къэс щыIа псоми куэдкIэ къащхьэщыкIа Урысей Федерацэм футболымкIэ и чемпионатыр иухащ. Зэи къэмыхъуауэ ар екIуэкIащ илъэсым щIигъукIэ – 20I9 гъэм мэлыжьыхьым (апрелым) и 12-м щIидзэри щиухар 2020 гъэм мэлыжьыхьым и 22-ращ. Сыт щыгъуи хуэдэу, премьер-лигэм и командэ зэмылIэужьыгъуэхэм хэту пщIэрэ щIыхьрэ яIэу иужьрей зэхьэзэхуэм зыкъыщагъэлъэгъуащ ди лъахэгъу щIалэхэм.

Къэралым и гуп нэхъыщхьэм щыджэгу командэ пщыкIухым ящыщу тхуращ зи тренер нэхъыщхьэхэр зыхуэхъумар. Ар зэхьэзэхуэм япэ, ещанэ, еплIанэ, етхуанэ, ебгъуанэ увыпIэхэр зэрызэкIэлъыкIуэу къыщызыхьа «Зенит»-м, «Краснодар»-м, ЦСКА-м, «Ростов»-м, «Уфа»-м я пашэхэу Семак Сергей, Мусаев Мурад, Гончаренкэ Виктор, Карпин Валерэ, Евсеев Вадим сымэщ. «Тамбов»-м и тренер нэхъыщхьэу лэжьа Шыпш Тимури трагъэкIахэм хабжащ, игъэзащIэ къалэнхэр зэрыщыту къызэрынэжам хуэдэу. Iуэхур зытетыр мыращ: премьер-лигэм къыхэкIынкIэ шынагъуэшхуэ къащыкъуэкIым Тамбов ирагъэблэгъащ къэралым и гуп нэхъыщхьэм хыхьэнымкIэ илъэс ипэкIэ щIэгъэкъуэнышхуэ яхуэхъуа адыгэ щIалэр. Абы гъусэ къыхуащIащ а къалэм и футболист цIэрыIуэ Первушин Сергей икIи, ар Тренер школ нэхъыщхьэм щеджэхукIэ, Шыпшыр «Тамбов»-м и пашэу щытащ, пресс-конференцхэми сыт щыгъуи хэтар аращ. ИужькIэ Тимур и къулыкъум «тренер нэхъыжькIэ» еджэ хъуащ, езыхэм ящыщ щIалэм еджэныр къиухри, гупым дэлэжьэну хуитыныгъэ игъуэтати.
Зэгуэрым тренер нэхъыщхьэу «Спартак-Налшыкыр» премьер-лигэм щызыгъэджэгуа Шыпшым и зэфIэкIыр тамбовдэсхэм хуабжьу къахуэсэбэпащ икIи къэралым и гуп нэхъыщхьэм къыхигъэнащ. АбыкIэ Тимур щIэгъэкъуэн къыхуэхъуахэм ящыщщ ди лъахэгъухэу Мамты Хьэсэн, Аппаев Хъызыр, Къалмыкъ Амур сымэ.
Иджыпсту илъэс 36-рэ зи ныбжь Мамтыр премьер-лигэм щыхыхьар 2017 гъэращ. Беслъэней къуажэм къыщалъхуа адыгэ щIалэм джэгун щригъэжьар Черкесск и «Нартращ». Абы иужькIэ командэ зыбжанэм щыпашащ икIи ФНЛ-м и гъуащхьауэ нэхъыфIу зыбжанэрэ къалъытащ. Япэ дивизионым зыкъыщызыгъэлъагъуэ «Тюмень»-м ирашри, Мэхъэчкъалэ и «Анжи»-м ирагъэблэгъащ. КъыкIэлъыкIуэу, 2018 гъэм «Тамбов»-м зэгурыIуэныгъэ дрищIылIащ. Абы лъандэрэ зэIущIэ 44-рэ премьер-лигэм щригъэкIуэкIати, 7 къыщыхэжаныкIащ. АдэкIи куэд зэрыхузэфIэкIынум шэч хэлъкъым.
Аппаев Хъызыри «Тамбов»-м и пашэхэм ящыщ зыуэ щытащ. Ари Мамтым дэщIыгъуу Шыпш Тимур гупым хигъэхьахэм ящыщщ. Балъкъэр щIалэм тамбовдэсхэм яхэту зэIущIэ 48-рэ иригъэкIуэкIати, и хьэрхуэрэгъухэм топи 8 яхудигъэкIащ. АрщхьэкIэ мы гъэм и пэщIэдзэм къахэкIыжащ.
2018 - 2019 гъэхэм я зэхьэзэхуэм Мэхъэчкъалэ и «Анжи»-м хэту зыкъэзыгъэлъэгъуа бахъсэндэс Къалмыкъ Амур «Тамбов»-м щыхыхьар мыгъэрей зэхьэзэхуэм и кIэух дыдэращ. Абы хэту зы зэIущIэ иригъэкIуэкIыну хунэсауэ аращ икIи хъарзынэу зыкъигъэлъэгъуащ. Амур къэкIуэну дахэ зэриIэм и щыхьэтщ иужьу щыджэгуа «Армавир»-м и пашэу зэрыщытар икIи япэ дивизионым и гъуащхьауэ нэхъыфIхэм зэрыхабжар.
Ди лъахэгъухэм ящыщу нэхъ зи насып къикIар Хьэпэ Заурщ. Илъэс зыбжанэ хъуауэ ар Мэзкуу и «Локомотив»-м пыщIащ: япэщIыкIэ щыджэгуащ, иджы гъуащхьэтетхэр егъасэ. Зыхэт гупым дэщIыгъуу Хьэпэм зэхьэзэхуэм и дыжьын медалхэр мы гъэм зыIэригъэхьащ икIи Европэм и Чемпионхэм я лигэм хэтыну хуитыныгъэ къихьащ. Заур и гъэсэн бразил щIалэ Гильерме Маринатэ апхуэдизу лъэщу зыкъегъэлъагъуэри, Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам хагъэхьащ, ди къэралым и цIыхуу къалъытэри.
Премьер-лигэм и командэ нэхъ лъэрызехьэхэм ящыщ Мэзкуу и «Спартак»-м нэгъабэ зэрыхыхьэрэ Мырзэ Резуан и зэфIэкIыр нэсу къыхуэгъэлъагъуэкъым. ЯпэщIыкIэ, зэпсэлъэныгъэхэр кIыхь хъури, гупым дэщIыгъуу тэмэму зигъэсэну Iэмал иIакъым. КъыкIэлъыкIуэу фэбжь зэмылIэужьыгъэухэр игъуэтащ. Иужьым, гупым хэзыша Кононов Олег и къулыкъум трагъэкIри, тренер нэхъыщхьэу ягъэува Тодескэ Доменикэ дзыхьышхуэ къримыгъэзу къыщIэкIащ, езым къыздишахэр нэхъ тегъэщIэн ищIу. Ди лъахэгъур нэхъыбэу абы къыщигъэсэбэпыр джэгум и кIэухырщ икIи зыкъигъэлъэгъуэну зэман мащIэщ хухихыр. Апхуэдэу щыт пэтми, Резуан хэтащ джэгугъуэ 30-м ящыщу 22-м. Мэзкуу и «Спартак»-м иубыдар ебланэ увыпIэращ икIи Европэм и кубокхэм ящыщ зым мы гъэм щIэбэныну хуитыныгъэ иIэнукъым.
Илъэс ипэкIэ Мырзэ Резуан дэщIыгъуу Тулэ и «Арсенал»-р зыгъэбжьыфIа Бырхьэм Къантемыри ар иджыблагъэ ибгынащ. 20I5 гъэм Тулэ и «Арсенал»-м зэгурыIуэныгъэ дрищIылIэри, иужь илъэситхум и щIыхьыр ихъумащ абы. Тулэдэсхэм щахуэджэгуа япэ дыдэ зэIущIэм я хьэрхуэрэгъухэм топитI зэуэ щахудигъэкIри, а щIыпIэм футболым щыдихьэххэр Къантемыр занщIэу къихьэхуат. «Арсенал»-м и фащэр щыгъыу зэIущIэ 77-м хэтауэ икIи 9 къыщыхэжаныкIауэ, зэгурыIуэныгъэм и пIалъэр иухри, къыхэкIыжащ. Мыгувэу зи ныбжьыр илъэс 3I-рэ ирикъуну гъуащхьэхъумэныкъуэм адэкIэ и Iуэхухэр зэрыхъунур Тхьэм ещIэ.
Натхъуэхэ Бибрэсрэ Амиррэ, Гордюшенкэ Астемыр сымэ нэгъабэ зэрыхэкIыжрэ Мэзкуу и ЦСКА-р фагъуэ хъуащ. Иужь илъэсхэм абы увыпIэфIхэр сыт щыгъуи иубыду щытамэ, ди щIалэхэр щахэмытыжа гъэм зыIэригъэхьэфар еплIанэращ. Кубокми ехъулIэныгъэ гуэрхэр щиIэфакъым.
Апхуэдэу 2019 - 2020 гъэхэм Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм зыкъыщагъэлъэгъуащ ди лъахэгъухэм. Уеблэмэ, фIы дыдэщ абы и зэхьэзэхуэр и кIэм зэрынагъэсыфар. ЗэрыфщIэжщи, щIымахуэ зыгъэпсэхугъуэр яухри, зэпеуэм щIадзэжа къудейуэ, ар зэпагъэун хуей хъуащ дуней псом къыщыхъея коронавирус уз зэрыцIалэм и зэранкIэ. Мазищ дэкIауэщ зэхьэзэхуэр щызэхаублэжар. Ар ирагъэкIуэкIын папщIэ зэхагъэува хабзэхэр мызэ-мытIэу къызэрызэпаудам зэпеуэр щIамыдзэжами нэхъыфIт жыуагъэIэ. Къапщтэмэ, зэхьэзэхуэр щрагъэжьэж дыдэм «Ростов»-м и футболистищым узыр зэрапкърытыр къыщIагъэщри, абыхэм яхуэза псори тхьэмахуитIкIэ карантин ягъэкIуащ, зыми хуэзэну хуимыту. АрщхьэкIэ зэIущIэр ягъэIэпхъуакъым, зыдэджэгун хуея «Сочи» командэр арэзытэкъыми. Арати, илъэс пщыкIух-пщыкIубл хъу щIалэщIэ къэмыжэпхъахэр лIы лъэрызехьэхэм пэщIагъэувэн хуей хъури, 10:1-уэ къытрагъэкIуащ. А лъэхъэнэ дыдэм Мэзкуу и «Динамо»-ри уз зэрыцIалэм зэщIищтащ. Абы и хьэрхуэрэгъуу щытын хуея «Краснодар»-м нэхъ гущIэгъу хэлъу къыщIэкIри, джэгур ягъэIэпхъуащ. ГущIыхьэращи, иужькIэ «Динамо»-р текIуэри, краснодардэсхэр етIуанэ увыпIэм хагъэкIыжащ.
Зэхьэзэхуэм и кIэух джэгугъуэми псалъэмакъышхуэ къикIащ. Премьер-лигэм къыхэнэн папщIэ бэнэныгъэ гуащIэ езыгъэкIуэкI «Тамбов»-м и хьэрхуэрэгъу «Сочи» командэм хэт зыбжанэм коронавирус къеуэлIащ. Хабзэм тету сочэдэсхэр карантиным ягъэкIуащ икIи, зэIущIэр адэкIэ бгъэIэпхъуэ зэрымыхъунум къыхэкIыу (зэпеуэр щиух пIалъэр къэсат) 0:3-уэ хагъэщIауэ къалъытащ. Премьер-лигэм къыхэкIынымкIэ, уафэм къахуехуэха очкоищым тамбовдэсхэр къригъэлащ, Сочэ кIуамэ къызэрыщыхагъэщIэнур нэрылъагъути. Абы щыгъуэми Самарэ и «Крылья Советов»-р храгъэлъэфащ, «Тамбов»-р апхуэдэ щIыкIэкIэ кIэух турнир таблицэм къащыщхьэщыкIри.
Хьэлэмэтращи, 2019 - 2020 гъэхэм я зэхьэзэхуэр щиух махуэм пщIондэ зыми ящIакъым гуп нэхъыщхьэр командэ дапщэм ябгынэнуми. Апхуэдэ Iуэху зэIумыбзым и зэран зэпеуэм екIащ икIи мыарэзыхэр куэд дыдэ ищIащ. ИкIэм-икIэжым, пасэу зэраубзыхуам тету, командэ нэхъыкIитIыр («Оренбург»-мрэ «Крылья Советов»-мрэ) къыпагъэхури, абыхэм я пIэкIэ Волгоград и «Ротор»-мрэ мылъкукIэ зэрыпэмылъэщынур зыкъом щIауэ жызыIэ Мэзкуу областым и «Химки»-мрэ хагъэхьащ.
Гу лъытапхъэщ, адрей къэралхэми коронавирусым и зэранкIэ я футбол зэпеуэхэр зэпагъэууэ, ди япэжкIэ, накъыгъэ (май) мазэм, зэрызэхаублэжар. АрщхьэкIэ абыхэм ди деж щыIа хьэдэгъуэдахэхэр зэи къыщыхъуакъым икIи зэпеуэр ткIийуэ хабзэм тету ирагъэкIуэкIащ. Аращ Урысейр сыт щыгъуи адрейхэм къазэрыщхьэщыкIыр.
Мыгувэу зи чэзу зэхьэзэхуэм премьер-лигэм щыщIидзэнущ. Дыщыгугъынщ абыи ди лъахэгъухэр куэду къыщыхэжаныкIыну.

Шыпш Тимур


Мамты Хьэсэн


Аппаев Хъызыр


Къалмыкъ Амур


Хьэпэ Заур


Мырзэ Резуан


Бырхьэм Къантемыр

ЖЫЛАСЭ Заурбэч.
Поделиться: