Бадзэуэгъуэм и 2, бэрэжьей
Спорт журналистым и дунейпсо махуэщ
Тенджыз, псы флотым и лэжьакIуэхэм я дунейпсо махуэщ
Днепр псым и дунейпсо махуэщ
Уфологым и дунейпсо махуэщ
1964 гъэм «Къэббалъкъгаз» IуэхущIапIэр къызэрагъэпэщащ.
1913 гъэм къалъхуащ шэрджэс усакIуэ Гъуэщокъуэ Хъусин.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 20 - 21-рэ, жэщым градус 16 - 17 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Емыуэу бийр еукI, имыкIыу шыр къеху.
Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.