Дыщэ медалыр къехь![]() Самбэ Краснодар къалэм дэт «СамбэмкIэ уардэунэ» спорт комплексым щекIуэкIащ самбэмкIэ «Гран-При» дунейпсо зэхьэзэхуэ. Ди къэралым и спортсменхэр яхэту абы щызэпеуащ Абхъазым, Ермэлым, Белоруссием, Алыджым, Къэзахъстаным, Къыргъызым, Таджикистаным я бэнакIуи 100-м нэблагъэ. Ди гуапэ зэрыхъущи, «спорт самбэ» унэтIыныгъэмкIэ килограмм 88-рэ зи хьэлъагъхэм я деж Абазэ Аслъэн дыщэ медаль къыщихьащ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, ныбжьыщIэм бэнэн щыщIидзар Бахъсэн къалэм Щауэ Iэхьед и цIэр зезыхьэ и спорт еджапIэрщ, иужькIэ Армавир самбэмрэ дзюдомкIэ дэт спорт еджапIэм кIуащ. Ар Урысейм дунейпсо классымкIэ спортым и мастерщ, БРИКС-м хыхьэ къэралхэм я Спорт джэгухэм нэгъабэ щытекIуащ, дунейпсо Кубокыр къэхьыным хуэунэтIауэ Къыргъызым щекIуэкIа зэхьэзэхуэри къихьащ. Абазэ Аслъэн и тренерхэр ПшынащIэ Мурат, Уэщхъун Башир, Псэун Мурат сымэщ. КЪАНШЫУЕЙ Алим.
Поделиться:
Читать также:
12.11.2025 - 17:18 →
Спорт хъыбархэр
11.11.2025 - 15:00 →
Ахъмэт Амир и гъэсэнхэм Кубокыр къахь
10.11.2025 - 17:02 →
Спорт зэхьэзэхуэхэр
09.11.2025 - 12:23 →
Ди ныбжьыщIэхэр нэхъ лъэщщ
08.11.2025 - 16:44 →
Спорт хъыбархэр
| ||




