Гулъытэ хуащI

Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ библиотекэм «стIол хъурей» щекIуэкIащ наркоманиемрэ наркотикхэр щэнымрэ ебэныным теухуауэ. Ар къызэрагъэпэщащ КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэбграгъэхым кIэлъыплъынымкIэ и управленэмрэ библиотекэмрэ.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм, Наркологие диспансерым, СПИД-мрэ узыфэ зэрыцIалэхэмрэ япэщIэтынымкIэ республикэ центрым, Налшык къалэм щыIэ УМВД-м балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и къудамэм, Урысей ФСИН-м и Управленэу ди республикэм щыIэм епха уголовнэ-гъэзэщIакIуэ инспекцэм, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэ зэхуэмыдэхэм я лIыкIуэхэр.
 КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэбграгъэхым кIэлъыплъынымкIэ и управленэм и къудамэм и унафэщI Давыдовэ Иринэ тепсэлъыхьащ а IуэхумкIэ республикэм щыIэ щытыкIэм. 
- 2024 гъэм Къэбэрдей-Балъкърым и щIыналъэм наркотикхэкIхэмрэ акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэмрэ зэрызэрагъэкIуэкIым теухуауэ Iуэхугъуэ 751-рэ наIуэ къыщащIащ, - жиIащ абы. - Республикэм наркощIэпхъаджагъэхэр къыщыщIэгъэщынымкIэ щекIуэкI Iуэхур процент 24,3-кIэ ефIэкIуащ. НаркотикхэкIхэр республикэм къызэрагъэс гъуэгуу 33-рэ зэхуащIащ, акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэ гуащIэ зэмылIэужьыгъуэу килограмм 57-м щIигъу къытрахащ. КъБР-м и МВД-м и унафэм щIэту ирагъэкIуэкIащ хабзэм къемызэгъыу наркотикхэр зэбгрыгъэкIынымрэ ахэр гъэхьэзырынымкIэ Интернетым щызекIуэ хъыбархэр къыщIэгъэщыным теухуа Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэр. Къапщтэмэ, 2024 гъэм апхуэдэ сайту, интернет напэкIуэцIу 626-рэ сэтей къащIащ икIи хабзэм ипкъ иткIэ Зыуэ щыт реестрым хуагъэхьащ зэхуащIыну.
Давыдовэм и псалъэхэм къызэрыхэщамкIэ, блэкIа илъэсым КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэбграгъэхым кIэлъыплъынымкIэ и управленэм нэгъуэщI хабзэхъумэ органхэмрэ республикэм и IуэхущIапIэ щхьэхуэхэмрэ я гъусэу жылагъуэр, псом хуэмыдэу балигъыпIэ имыува сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ, наркотикхэкIхэр зэхьэлIэным пэIэщIэ щIыным, акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэр хабзэншагъэкIэ игъэкIыным ахэр щыхашэ къэхъумэ, ар къыщIэгъэщыным, апхуэдэ Iуэху зезыхуэхэм уголовнэ жэуап зэрахьым щыгъэгъуэзэным теухуауэ зэIущIэ зэхуэмыдэу 250-рэ ирагъэкIуэкIащ. Абыхэм ящыщщ «Ди сабийхэм я узыншагъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ папщIэ», «ЩIэблэ узыншэ-2024», «Къэбэрдей-Балъкъэрыр наркотикыншэу», «Iущхьэ-2024», «Притон», «Уклонист» фIэщыгъэхэм щIэт урысейпсо, республикэ Iуэхухэр. 
Iуэхум хуаIэ еплъыкIэхэмрэ хэкIыпIэхэмрэ къагъэлъагъуэу зэIущIэм къыщыпсэлъащ «Дзэ зэкъуэшыгъэ» Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и исполкомым и унафэщI Абэнокъуэ Владимир, дохутыр-психиатр, нарколог Нагорная Татьянэ, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и деж щылажьэ ЩIалэгъуалэ советым и секретарь Шэрий Каринэ, блогер, жылагъуэ лэжьакIуэ, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и деж щыIэ, адэ-анэхэм я республикэ советым и унафэщI Мэзукъэбз Аслъэн, нэгъуэщIхэри.
 

 

ЩхьэщэмыщI Изэ.
Поделиться:

Читать также: