«ACA 188» фIэщыгъэр зэрихьэу зэзауэ зыхэт спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ Сочэ къалэм и «Сириус» щIыпIэм щекIуэкIа дунейпсо зэхьэзэхуэм щытекIуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсмен ПщыукI Азэмэт.
Килограмм 57-рэ зи хьэлъагъхэм я деж щызэуа ди щIалэм къыпэщIэтащ Дагъыстэным и зэуакIуэ лъэщ икIи а гупым щычемпион Гаджиев Курбан. Ауэ ПщыукIыр абы къигъэдзыхакъым, уеблэмэ зэхьэзэхуэм и ещанэ раундым хьэрхуэрэгъум и пщэр щыпитхьэлыкIри, зригъэтащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ адыгэ щIалэр зи хьэлъагъкIэ нэхъ псынщIэ дыдэхэмкIэ (кг 57-рэ) АСА-м и чемпион хъуащ икIи Гран-При саугъэтыр къихьащ.
Домбеякърэ дыщэрэ
Урысейм и Кубокыр атлетикэ псынщIэмкIэ къэхьыным хуэунэтIауэ Мэзкуу областым и Жуковский къалэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм бжыр нэхъ жыжьэ дзынымкIэ зэпеуахэм я деж Орлов Николай ещанэ увыпIэр къыщихьащ. Зэхьэзэхуэм хэтащ Урысей Федерацэм, Белоруссием, Къэзахъстаным я спортсмен 500-м щIигъу.
Ди лъахэгъу щIалэм и спорт Iэмэпсымэр метр 76-рэ сантиметр 13-кIэ идзащ икIи Iэмал игъуэтащ мы гъэм и бадзэуэгъуэм Белоруссием и Брест къалэм щызэхэтыну дунейпсо зэхьэзэхуэм и зэфIэкIхэр щигъэлъэгъуэну. ЩIалэм и тренерыр Артамонов Артурщ.
Абы нэмыщI, УФ-м атлетикэ псынщIэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ Екатеринбург къалэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм, лъэпощхьэпохэм елъэурэ метр 400 зи кIыхьагъ гъуэгуанэр нэхъ псынщIэу зэпычынымкIэ зэпеуэм, япэ увыпIэр къыщихьащ Хирьянов Даниил. Апхуэдэ щIыкIэкIи, УФ-м спортымкIэ и мастерым и мардэхэр игъэзэщIащ икIи ди къэралым и командэ къыхэхам хагъэхьащ.