Мэрем пшыхь

Псалъэ пэжхэр

БлэкIар IэфIамэ, хуэщI гукъэкI

Тхыдэм пэжыр наIуэу къимыIуэтэфмэ, ар тхыдэ нэпцIу аращ.
Лъагъуныгъэр цIыху псоми я зэхуэдэщ, аращ абы псоми зэхуэдэу щхьэщэ щIыхуащIри.
Уэсым хуэдэу щIыIэ, зэзым хуэдэу дыдж анэнэпIэсым нэхърэ нэхъ Iеижщ ухэхэсу гъащIэр пхьыныр.
Уэ фIыуэ плъагъур лъагащэщи, улъэIэсыркъым, уэ укъэзылъагъур пфIэлъахъшэщи, къапщтэркъым. Мис аращ ямышэрэ къэзымышэрэ къызыхэкIыр.
Зи щхьэм фIы имылъым и жьэм фIы зэи къыжьэдэкIынукъым.
ДыгъуакIуэм зэрыдыгъуэр и лэжьыгъэу къелъытэ.
Гуащэр тIысауэ игуэшырт дыгъэр: и пхъум хуигъазэр бжьыхьэ дыгъэрт, и нысэм хуигъэфащэр гъатхэ дыгъэрт.
Унагъуэм щумыгъэса сабийр уэрамым щыбгъэIущыну уемылIалIи нэхъыфIщ.
Шы узытесым и шхуэIур тэкIу къэлэлауэ къызэрищIэу, здыхуей дыдэмкIэ макIуэ, апхуэдэ дыдэщ унафэщI мыхьэнэншэхэм я лэжьакIуэхэри.
НыбжьэгъуфI дыдэкIэ узэджэнур пэжыр къыбжезыIэфымрэ ар уэ зыжепIэфымрэщ.
Лэжьыгъэмрэ щхьэхынэмрэ зэрылъагъу хъуркъым: лэжьыгъэр щхьэхынэ хуэныкъуэкъым, щхьэхынэр лэжьыгъэ хуеиххэкъым.
Адакъэ мыIуэр адакъэпщ ящIыркъым, лажьэу емысар унафэщI пхуэхъунукъым.
БлэкIар IэфIамэ, хуэщI гукъэкI, ар пхуэдыджамэ,  хуэщI гущыкI.
ЩIыхуэ къэпщтар щыпшхым деж IэфIыщэщ, щупшыныжкIэ дыдж Iейщ.
Зы гушыIэр куэдрэ къытрагъэзэжмэ, гущыкI мэхъу.
Зы лъэбакъуэ зычам къыкIэлъыкIуэри кIэлъеч.
ЦIыхум и уасэр сомкIэ къапщыркъым, атIэ и цIыхугъэмкIэщ къызэралъытэр.
Псыр псэхэлъхьэж къудейкъым, ар икIи псэхэхщ.
КIурашын Алий.

Таурыхъхэр

Бдзэжьеящэ Алий

Курд псысэ
Зы гуэлышхуэ гуэрым и Iуфэм бдзэжьеящэ Алий щыпсэурт, и бынунагъуэр щIыгъуу. Пщэдджыжьым жьыуэ Алий бдзэжьеящэ дэкIырти, пщыхьэщхьэр фIыуэ хэкIуэтауэт къыщыкIуэжыр. КъыщимыхьIаи къэхъурт. Махуэ псом хъым бдзэжьей къыщимыхьэ щыIэт. Апхуэдэ махуэхэм Алий хуабжьу нэщхъей хъурт.
Зэгуэрым, и къуэри зыщIигъури, Алий гуэлым кIуат. Хъыр хидзэщ, тутын щIигъанэри, пэплъэу щIидзащ. Асыхьэту хъыр хъеящ. Ар Алий пIащIэу къыхихыжыну къекъуащ. Ауэ сыт имыщIами, къыхухэхакъым. Хъым бдзэжьей ин дыдэ къихьауэ гурыщхъуэ щищIым, хъы кIапэр и къуэм къритри, езыр унэм щIэпхъуэжащ, ар псым къызэрыхихын Iэмэпсымэ къихьыну.
Зи закъуэ къэна щIалэм къилъэгъуащ хъым къихуа дыжьыныфэ бдзэжьей дахэр.
«Псори хуейщ щхьэхуиту щытыну», - жиIащ бдзэжьеящэм и къуэм икIи, куэдрэ мыгупсысэу, бдзэжьейр хъым иригъэкIыжащ. Бдзэжьейм, щIалэм фIыщIэ къыхуищI хуэдэ, лъагэу зыдридзейри, псым зыхидзэжащ. Куэд мыщIэу адэр къэсыжащ.
- Дэнэ щыIэ бдзэжьейр, шыдыщхьэ? – кIиящ Алий икIи и къуэм и нэкIур къыхурихулэкIащ.
ЩIалэм хъыр иутIыпщри, зы псалъэ жимыIэу, IукIри ежьэжащ. Унэм къэсыжри и анэм жриIащ и адэм щIыгъуу абы фIэкIа зэрымыпсэунур.
- Ар сэ къызэуащ бдзэжьейр зэрызутIыпщыжам щхьэкIэ, - жиIащ щIалэм, игу хэщIу. ЗызэщIикъуэщ, и анэм сэлам ирихыжри, гъуэгу теуващ.
Махуищ дэкIауэ Алий и къуэр IуощIэ Ахьмэд зи цIэ щIалэм.
- Сэри насып сылъыхъуэу сыкъежьауэ аращ, - жеIэ Ахьмэд. - Зэкъуэшым хуэдэу дызэхущытынщ. ТIу дызэрыхъур нэхъыфIщ.
Куэдрэ кIуащ ахэр. Сытми, нэсащ къалэшхуэ гуэрым. Къытехутащ абы щыIэ бэзэрышхуэм. Хьэпшыпхэр зыщэхэм я макъ къызэрихькIэ ираджэрт щэхуакIуэхэр. IэфIыгъэ Iэджи телът абы: фо, пхъэщхьэмыщхьэ, рахат-лэкъум, хьэлвэ, щербет… Абыхэм ящыщ къащэхущ, яшхри къуэш зэрыщIахэм лэжьапIэ къалъыхъуэу хуежьащ. Ахэр къыщыувыIащ тыкуэнышхуэ гуэрым пэгъунэгъуу. Ар зей лIым мо щIалэ лъэрызехьитIыр игу ирихьащ.
- Тхьэ соIуэ, фэ тIум я зыр лэжьакIуэ къэсщтэнукIэ. Си хьэпшыпхэр зыщэн сыхуейщ. Ар уэ къалэн пщызощI, - къыжриIащ абы Ахьмэд. - Уэри Iуэхуншэ ухъункъым. Мо псым зэпрыкIи, абдеж щыт тыкуэныр зейм жеIэ Муса узэригъэкIуар.
Апхуэдэ щIыкIэкIэ щIалитIми лэжьыгъэ щагъуэтащ тыкуэнхэм. АрщхьэкIэ Алий и къуэр зыхуэлажьэм и Iуэхухэр дэкIыртэкъыми, щIалэ тхьэмыщкIэр и ныбэ изу шхэртэкъым.
Апхуэдэурэ илъэс дэкIащ. Ахьмэд къулей хъуащ. Зэгуэрым ар Алий и къуэм деж макIуэри жреIэ абы фIэкIа мы къалэм дэмысыжыну зэримурадыр.
- Уэри укъэзгъэнэнукъым мыбы, - жиIащ Ахьмэд. - Нобэ мы къалэм дызэрыдэкIыжымкIэ узыхуэлажьэм хъыбар егъащIэ.
- Дэнэ-тIэ дыздэкIуэнур? - щIэупщIащ Алий и къуэр.
- ИужькIэ къэпщIэнщ, - жиIащ Ахьмэд.
Арати, ахэр зэгъусэу гъуэгу теувэжащ. КIуэурэ, гуэл гуэрым деж нэсауэ Ахьмэд къригъэжьащ:
- Мыбы дэ зэкъуэш дыщыхъуащ икIи тхьэ зэхуэтIуащ сыт щыгъуи зыр адрейм дыдэIэпыкъуну. Мы къалэм дэ зэгъусэу дыкъэкIуащ. Сэ къулей сыщыхъуащ, уэ уи насып къыщикIакъым. Къеплъыт, сыт хуэдиз дыщэрэ хьэпшып лъапIэрэ сиIэ! Иджы а псори уэ ууей хъуащ. ФIы зыхуэпщIам зэи щыгъупщэ хъунукъым. Фи деж гъэзэж, жьы хъуа уи адэ-анэм ябгъэдэтIысхьэжи, иджыпсту уцIыху гуапэу, уи сэбэп нэгъуэщIхэм ебгъэкIыу, мис а хъым сыщибгъэкIыжауэ  щыта махуэм хуэдэу, дунейм утетыху адэкIи псэу.
Ахьмэд ар жиIэщ, япэм зэрыщытауэ дыжьыныфэ бдзэжьей дахэ хъужри, гуэлым хэпкIэжащ.
ЗэзыдзэкIар
 Къагъырмэс Борисщ.

ГъэщIэгъуэнщ
Зэманым и уасэр

Къызыщывгъэхъут пщэдджыжь къэс ахъшэ сом 86. 400-рэ къыфхуэзыутIыпщ банк фиIэу. А махуэм фымыгъэкIуэду къэнар етIуанэ махуэм къыфхуиутIыпщым хилъхьэжыркъым. НэгъуэщIу жыпIэмэ, жэщым фи счётым зыри имылъыж мэхъу. Сытыт а ахъшэ къомым ефщIэнур?
«Зы кIэпIейкIэ къэмынэу здэтхьын къэдгъуэтынт», - жыфIэнущ фэ.
Пэжыр жыпIэмэ, дэтхэнэ зыми диIэщ апхуэдэ банк. Абы зэреджэр - зэманщ. Пщэдджыжь къэс медан 86.400-рэ къыдет абы. Жэщ къэси йокIуэдыкIыж. Къыдэхуэр адрей махуэм хибжэжыркъым. МахуэщIэ къэс щIэрыщIэу бжэуэ щIедзэ. Махуэм къыфхуигъэкIуэта зэманыр къэвмыгъэсэбэпыфмэ – хэщIыныгъэр фи Iэрылъхьэщ. Абы къэгъазэ иIэжкъым. КъыкIэлъыкIуэ махуэми щIыхуэу къеIыпхIа хъуркъым.
Зыгуэр зэвгъэхъулIэну фыхуеймэ, фи зэманыр тэмэму къэвгъэсэбэп, фейдэ къызыпыкIын гуэрым хэфлъхьэ. Зы меданми уасэшхуэ иIэщ, ар фIыуэ флъагъу цIыхум и гъусэу вгъэкIуамэ, къыфщхьэпэжын Iуэху зэфIэвгъэкIамэ…

Интернетым дыкъыщоджэ

Дыркъуэ

ЩIалэ тэмакъкIэщIым и адэр зыкъомрэ кIэлъыплъа нэужь, гъущI Iунэ къэп хуигъэуври, унафэ хуищIащ зэ къэгубжьыху бжыхьым зы гъущI Iунэ хиукIэну.
Япэ махуэм бжыхьым гъущI Iунэ пщIы бжыгъэ къыхэхутащ. КъыкIэлъыкIуэ тхьэмахуэм щIалэм нэхъ зиIыгъыф хъуагъэнти, гъущI Iунэ бжыгъэр нэхъ мащIэ хъурт, зыхуэсакъыжырт. ЩIалэм къыгурыIуащ гъущI Iунэ хэбукIэн нэхърэ зыпIыгъыныр зэрынэхъ тыншыр.
Арати, щIалэр зэи къыщымыгубжьа махуэ къэсащ. Абы и хъыбар и адэм щыхуищIым къыжриIащ, зыгуэрым ущIэмыкIиеу, и жагъуэ умыщIу махуэр бгъэкIуамэ, пщыхьэщхьэм зы гъущI Iунэ къыхэпчыж хъуну.
Зэман куэди дэкIащ, ауэ зы махуэ гуэр къуэр гуфIэу адэм деж щIыхьащ, «хэзукIа гъущI Iунэхэр къыхэчыжын сухащ», - жиIэри. Адэм къуэм и Iэр иубыдри бжыхьым иришэлIащ.
- Хъарзынэу упэлъэщащ, ауэ мы бжыхьым гъуанэу къытебнар плъагъурэ? Мыр зэи адрейхэм хэгъуэщэжынукъым. ЦIыхум игу щIыхьэн гуэр щыжепIэм и деж мис апхуэдэ дыркъуэ гум къытренэ. Абы иужькIэ дапщэрэ къыпхуигъэгъуну уелъэIуми, уIэгъэр кIыжыркъым. Абы ухуэсакъыну сынолъэIу, щIалэ.
Шыпш Даянэ.

     Фэ фщIэрэ?

Фейдэ лъыхъуэ лъагъуныгъэмрэ фейдэ мылъыхъуэмрэ

Къэхутэныгъэхэм къазэрыхэщымкIэ, цIыхур фIыуэ къалъагъуным зэрыхуэныкъуэр иримыкъуныгъэм (дефицитым) къыхэкI хъуэпсапIэхэм хохьэ. Ар дыжын хуей гъуанэщ, зыгуэркIэ из щIын хуей нэщIыгъэщ. Узыншагъэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ мы плъапIэр къыIэрымыхьэмэ, цIыхур узым еубыд. Ауэ ар и чэзум зэрырикъункIэ икIи зэрыщытыпхъэу къызыIэрыхьэр узым IэщIокI. Узым и пIэ узыншагъэр къоувэ, ныкъуэм и пIэ изыр къызэриувэм хуэдэу.
Узыр хэмыкIэсамэ, «зыр адрейм и пIэкIэ» зыфIаща терапиер хущхъуэфI мэхъу. НэгъуэщIу жыпIэ-мэ, «лъагъуныгъэ гъаблэр» языныкъуэхэм деж узыр къызыхэкI, иримыкъур иризыгъэкъу, абы и пIэ къиувэ гуэркIэ пхуэгъэхъужынущ. «Лъагъуныгъэ ­гъаблэр» - узщ, Iэпкълъэпкъым зыгуэр зэрыхуримыкъум, къыIэрыхьапхъэ гуэр къызэрыIэрымыхьэм къыхэкIауэ. Ар ещхьщ Iэпкълъэпкъым витамин е шыгъу зэрыримыкъум.
Апхуэдэ гуэр зыхуэмычэм цIыху узыншэр зы­хуэныкъуэ лъагъуныгъэ тIэкIур мащIэ-мащIэурэ къыIэрыхьэми ирикъунущ, зэманкIэ имыIэххэми хъууэ. И хъуэпсапIэм теIэбэ цIыхум а хъуэпсапIэр имыIэж хъуа нэужь, иджы лъагъуныгъэм щIэмыхъуэпсыж цIыхум адрейхэр фIыуэ имылъагъужыф, езыми фIыуэ закъримыгъэлъагъужыф мэхъу! АрщхьэкIэ узыншагъэфI зыбгъэдэлъ цIыхухэм клиникэм къащыкIэлъыплъу ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къагъэлъагъуэ апхуэдэ цIыхухэр нэгъуэщIым фIыуэ къилъагъуным нэхъ мащIэу хуэныкъуэ хъуми, езыхэр зыгуэр фIыуэ ялъагъуным нэхъ хуэIэзэу зэрыщытхэр. А мыхьэнэмкIэ къапщтэмэ, ахэр сыт щыгъуи лъагъуныгъэкIэ нэхъ жумартщ.
Мы къэхутэныгъэ закъуэми къегъэлъагъуэ цIыхур хъуэпсапIэ мыхьэнэ нэхъ зиIэхэм зэрыхуэпабгъэм тещIыхьа щхьэусыгъуэхэм я теориер жыжьэ зэрынэмысри, «щхьэусыгъуэшхуэм (зыужьыныгъэм, цIыхум и купщIэр къызэрилъыхъуэжым къишэ щхьэусыгъуэхэм) и теорием» дызэрыхуэныкъуэри.
Сэ нэхъапэIуэкIэ тIэкIу сытепсэлъыхьащ фейдэ мылъыхъуэ, хьэлэлагъым къыхэкI, нэгъуэщI цIыхум и Къэхъугъэм (Бытие, Being) хуэгъэза Б-лъагъуныгъэмрэ Иримыкъуныгъэм (дефицитым) къиша, зыхущыщIэм хущIэкъунымрэ нэпсеягъымрэ зи щхьэусыгъуэ Д-лъагъуныгъэмрэ. Мыбдежым а зэпэщIэуэ мыхьэнэхэр ищхьэкIэ зи гугъу сщIа Iуэхугъуэхэм я щыхьэту къэсхьыну сыхуейуэ аращ.
1. Б-лъагъуныгъэр къыщыунэхукIэ абы гур щогуфIыкI, гурыфIыгъуэ хех. Апхуэдэ лъагъуныгъэм еиныгъэр къыхэIэбэкъыми, ар зыхуэгъэзам пщIэ нэхъ хуащI, гукъанэ хуамыщIу; уигу щIыхэщIын къыхэхуэнкIи хъунукъыми, абы ущыгуфIыкI зэпытщ.
2. Апхуэдэ лъагъуныгъэм уи гур къиуIэркъым, пыщIа гурыфIыгъуэри кIэухыншэщ. Зэманым нэхъ куууж дэхъу фIэкIа, абы хэщI иIэкъым, ущыгуфIыкI зэпыту щытыным къыхуагъэщIащ.
3. Б-лъагъуныгъэм хэтым зыхищIэхэр гъуазджэмрэ динымрэ зэрызыхащIэмрэ абыхэм я Iэужьхэмрэ ещхьщ.
4. Б-лъагъуныгъэм псэм дежкIи терапие и лъэныкъуэкIи Iэужьышхуэ иIэщ. Ар дыдэр яхузэфIокI анэ узыншэм и сабийм хуиIэ лъагъуныгъэ «къызыхэмызэрыхьIамрэ» языныкъуэ дин щIэныгъэлIхэр зытепсэлъыхь тхьэ лъагъуныгъэмрэ.
5. Б-лъагъуныгъэр, шэч хэмылъыххэу, куэдкIэ нэхъ щызщ, нэхъ «хэIэтыкIащ», нэхъ къохьэлIа (субъективнэ) зыхэщIэныгъэщ, Д-лъагъуныгъэм елъытауэ. Ар къызжаIащ сызыкIэлъыплъахэм ящыщу ныбжь нэхъ зиIэхэм. Абыхэм я нэхъыбэм жаIэрт я гъащIэм, куэдми мащIэми, лъагъуныгъитIым щыщи зэрыщагъэунэхуар.
6. Д-лъагъуныгъэмкIэ зыпхуэгъэнщIынущ. Ауэ къезэгъыу пIэрэ нэгъуэщI цIыхум фIыуэ щIэплъагъун, ущIыхуэпщылIын щхьэусыгъуэу хэлъым ущытепсэлъыхькIэ зыгъэнщIыным утепсэлъыхьыххэныр? Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Б-лъагъуныгъэм, шэч хэмылъыххэу, къилэжьыр ухуэпщылIынрэ бгъэлъэпIэнрэщ.
7. Б-лъагъуныгъэм ущIэгузэвэнрэ ущIызэбиину хэтыр мащIэ дыдэщ. Гъэунэхугъэ и лъэныкъуэкIэ къапщтэмэ, мыбы ахэр хэтыххэкъым. Дауи, цIыхум зыгуэр къыщыщIынкIэ угузэвэнкIи хъунщ. Ауэ щыхъукIэ, Д-лъагъуныгъэм щIэгузэвэни щIэбиени и куэдщ.
8. Б-лъагъуныгъэкIэ гу зэхуэзыщIахэр зыр адрейм нэхъ пэщхьэхуэу, я щхьэ нэхъ хуитыжу; фыгъуэм, шынэм, фейдэ лъыхъуэным нэхъ пэжыжьэу щытхэщ. ИтIанэми зым адрейм зригъэузэщIын щхьэкIэ зыщIигъэкъуэну хьэзырщ, я ехъулIэныгъэхэмкIэ нэхъ зэрогъэгушхуэ; хьэлэлагъ, жумартагъ, гумащIагъ нэгъуэщI цIыхум хуэгъэзауэ нэхъ къагъэлъагъуэ.
9. Б-лъагъуныгъэм Iэмал къует адрей цIыхур нэхъ нэгъэсауэ плъагъуну. Ар экогнитивнэ, зыхащIэ-зытегушхуэ еплъыкIэ зи гугъу сщIам хуэдэщ. А хьэлыр абы апхуэдизкIэ щынаIуэщи, арэзы сыдэхъункIэ Iэмал иIэкъым «лъагъуныгъэр нэфщ» жыхуаIэ псалъафэ къекIуэкIым. Абы къыщымынэу, кIуэ пэтми абы къыпэщIэуэ псалъэухар си фIэщ нэхъ мэхъу, нэф дызыщIыр лъагъуныгъэ зэрызыхэдмыщIэрауэ сыбжу.
10. Къэнэжаращи, Б-лъагъуныгъэм, щIэхъумауэ, ауэ IупщIу плъагъуу, ар зыхуэгъэзар «къегъэщI». Абы ар зищIысыр къыгурегъаIуэ, и щхьэм ирегъэзэгъыж, лъагъуныгъэ зэрыхуэфащэр зыхрегъащIэ. А псори зыужьыныгъэр къэмыувыIэным Iэмал хуохъу. Иджы дызыщIэупщIэращ: ар хэмыту цIыху цIыкIум нэсу зиужьыну Iэмал иIэ?
Маслоу Абрахам.  
ЗэзыдзэкIар Чэрим Марианнэщ.

Псалъэ шэрыуэхэм къарыкIыр
Мылъкур уэсэпсщ
Пэ зиIэм кIэи иIэщ.
ЖаIар е нэгъуэщI зыгуэрыр ирикъуну - абдежым щыухын хуейуэ къыщалъытэм деж къапсэлъ хабзэщ.
Нэдым и щхьэр умытIатэу, хьэ илърэ ху илърэ пщIэркъым.
ЦIыхур умыгъэунэхуауэ, зыхуэдэр пщIэнукъым.
Мылъкур (былымыр) уэсэпсщ.
КъокIуэ-мэкIуэж жыхуиIэщ. Нэхъыщхьэр зэрыармырар къыжыIапхъэу къыщалъытэм деж къапсэлъ хабзэщ.
Насыпыр пщэдджыжьым ягуэш.
Жьыуэ укъэтэджу уи Iуэху иужь уихьэн хуейщ жиIэу аращ.
УзыгъэтIыс уиубыжыркъым.
ТIысыну хуит ящIам зыщрилъэфыхьым деж ягъэгушхуэу жраIэ хабзэщ.
Щауэ Къэлидар.

 

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться:

Читать также:

29.03.2024 - 12:46 НОБЭ
27.03.2024 - 15:00 НОБЭ
26.03.2024 - 08:01 НОБЭ
25.03.2024 - 12:07 НОБЭ