Антикоррупционная линия Главы КБР:
40-89-70, 40-34-32
Бадзэуэгъуэм и 7, блыщхьэ
1918 гъэм Советхэм Екатеринодар (иджырей Краснодар) щрагъэкIуэкIа съездым унафэ къыщащтащ Кавказ Ищхъэрэ республикэ къызэгъэпэщыным теухуауэ. 1931 гъэм Урысейм къыщызэрагъэпэщащ мэзхэр, кхъухьлъатэхэр къагъэсэбэпурэ, хъумэным хуэщIа IэнатIэ. 1971 гъэм КIыщокъуэ Алим СССР-м и Литературэ фондым и унафэщIу хахащ. 1946 гъэм къалъхуащ усакIуэ, тхакIуэ, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист Хъурмэ Хъусен. 1968 гъэм къалъхуащ политик, КъБР-м и Парламентым и депутат Iэпщэ Заур. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 30 – 3I-рэ, жэщым градус 20 – 2I-рэ щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ: Акъылыр ящэркъым, къащэхуркъым – зыхалъхьэ.