Дунейм щыхъыбархэр

Вакцинэр зэпэубыда
зэрыхъунум игъэгужьеяуэ

Коронавирус узыфэм пэщIэтыфыну вакцинэр къэщэхуным къэрал лъэрызехьэхэр хузэхуежащ. Абы и щхьэусыгъуэри гурыIуэгъуэщ - зэрыгъэгужьеяуэ хэкIыпIэ къэзылъыхъуэ цIыху мелардхэм я гугъапIэ нэхъыщхьэр зрапхыр аращ мы зэманым.

Зэхалъхьа вакцинэр цIыху Iэпкълъэпкъым къызэрыхущIэкIынур гъэунэхуныр иджыри зэфIэкIа щIыкIэкъым, ауэ къэрал къулейхэр ар зыIэрагъэхьэным чэзууэ хузэпыуващ. Европэ зэгухьэныгъэм хыхьэ къэралхэм, США-мрэ Япониемрэ вакцинэ мелард 1,3-рэ къызэращэхунум теухуа зэгурыIуэныгъэхэр иращIылIащ ахэр щагъэхьэзыр компаниехэм. Инджылызымрэ США-мрэ Sanofi-GSK франджы-инджылыз компанием гурыIуащ, Япониер США-м и «Pfizer»-м апхуэдэ IуэхукIэ еувэлIащ.
Европэм щыщ адрей къэралхэм щыпсэухэри хущIокъу а хущхъуэгъуэр Iэмал зэриIэкIэ нэхъ псынщIэу зыIэрагъэхьэну. Апхуэдэу щытми, ЕС-м зэгурыIуэныгъэ зрищIылIар хэтми зэкIэ хэIущIыIу ящIыркъым.
Вакцинэр къащэхуным теухуа зэгурыIуэныгъэу зэращIылIэм адэкIи зэрыхэхъуэнум шэч хэлъкъым. Къэбгъэсэбэп хъуным хуэхьэзыру япэу къыдагъэкIынухэр, шэч хэмылъу, цIыху меларди 7,8-м хэплъхьэну урикъунукъым. ЦIыхум и Iэпкълъэпкъыр узыфэм зэрыпэщIэтыну къарур вакцинэм и фIыгъэкIэ игъуэтын папщIэ ар зэ хэплъхьэкIэ зэфIэкIынукъым. Псоми щахуримыкъунукIэ, икIэ къинэнур, хущхъуэгъуэр иужь дыдэу зылъысынур къэрал зызымыужьахэрщ, зи цIыхухэр зыхуей хуэзэу зымыгъэпсэуфхэрщ.
Апхуэдэ дыдэ щытыкIэ къэхъуауэ щытащ 2009 гъэм – «кхъуэм къыпкърыкIа пыхусыху» зыфIаща узыфэм дуней псом зыщыщиубгъуам. Зи экономикэм зиужь хэкухэм абы щыгъуи вакцинэр нэхъапэ ялъысри, я цIыху нэхъыби къелат.
КъызэратамкIэ, дуней псом цIыху мелуан 18,08-м коронавирус узыфэр иджыпсту щапкърытщ, абы илIыкIащ мин 689-рэ. Псом нэхърэ нэхъыбэм ар щапкърытщ США-м (цIыху мелуани 4,6-м), Бразилием (мелуани 2,7-м), Индием (мелуан 1,8-м).
Вакцинэр гъэхьэзырыным теухуауэ Урысей Федерацэм и Iуэху зыIутым теухуауэ «Роспотребнадзор»-м и унафэщI Поповэ Аннэ зэрыжиIамкIэ, ди къэралым щащI апхуэдэ мастэр цIыхум и узыншагъэм зыкIи зэран хуэмыхъуу узыфэм пэщIэтыфынущ. Урысейм ткIийуэ щыкIэлъоплъ вакцинэхэм я фIагъым.
ШыщхьэуIум и 1-м къызэратамкIэ, Гамалеи Н. Ф. и цIэр зезыхьэ лъэпкъ къэхутакIуэ центрым щызэфIэкIащ вакцинэм и клиникэ къэпщытэныгъэхэр. Абы тепщIыхьмэ, ди щIэныгъэлIхэми ягъэгувэну къыщIэкIынкъым вакцинэр узыншагъэм и IуэхущIапIэхэм Iэрагъэхьэныр.

Хуабащэу зэрыщытым
къэрал куэд гугъу ирегъэхь

Франджым и департамент 68-м щагъэуващ псыр узэрыхуейуэ къибгъэжыну хуит узымыщI хабзэ.

Къэралым экологиемкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, псыр къызыхуэбгъэсэбэп хъунур узыншагъэр хъумэн, цIыхухэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщын мурадхэрщ. ЦIыхухэм я хадэхэм псы щIагъэлъэдэныр, я машинэхэр ятхьэщIыныр, псыгуэнхэм псы ирагъэхъуэныр паубыд.
Бадзэуэгъуэ мазэ кIуар 1959 гъэ лъандэрэ нэхъ хуабэ дыдэу щыщытащ Франджым, щыжаIащ къэралым дуней щытыкIэм кIэлъыплъ и къулыкъущIапIэм. Къалэ зыбжанэм зэи къэмыхъуауэ щыхуабэ дыдэу щытащ бадзэуэгъуэм – градус 41-м щыщIегъу. Уэгъум нэхъри зыщеубгъу къэралым, абы къыхэкIыуи цIыхухэр сакъыным къыхураджэ.
Къэралым и департамент 32-м шынагъуэншагъэм и хабзэхэм щытехьакIэщ. Дунейр егъэлеяуэ зэрыхуабэм къыхэкIыу языныкъуэ щIыналъэхэм мэз мафIэсхэр къыщохъу. Франджым и мызакъуэу, щытыкIэр щыгугъущ Испаниемрэ Италиемри. Хуабащэу зэрыщытыр цIыхухэм я узыншагъэм зэран хуэхъункIэ зэрыхъунум ирогузавэ дохутырхэр.

Нобэ

♦Светофорым и дунейпсо махуэщ. 1914 гъэм США-м щыщ Кливленд къалэм щыфIадзащ икIи къагъэсэбэпу щыхуежьащ япэ светофорыр.
♦1789 гъэм Франджым пщылIыгъэр щагъэкIуэдыжащ.
♦1884 гъэм дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа скульптурэм - Щхьэхуитыныгъэм и статуем - и лъабжьэр Нью-Йорк щагъэтIылъащ.
♦1940 гъэм Латвиер СССР-м хагъэхьащ.
♦1941 гъэм Одессэ къалэр фашист зэрыпхъуакIуэхэм ящыхъумэным теухуа зауэм щIидзащ. Ар махуэ 73-кIэ екIуэкIащ.
♦1943 гъэм Сталиным и унафэкIэ Москва хьэрэкIытIэхэр щыдрагъэлъэтеящ Хэку зауэшхуэм къыщахьа япэ текIуэныгъэхэм я щIыхькIэ – Орёл, Белгород къалэхэр хуит къызэращIыжам и саулыкъукIэ.
♦1956 гъэм Москва Лениным и цIэр зезыхьэ и стадионым къыщызэIуахащ СССР-м ис лъэпкъхэм я Япэ спартакиадэр.
♦1963 гъэм ядернэ Iэщэр хьэуам, хьэршым, псы щIагъым щымыгъэунэхуным теухуа ЗэгурыIуэныгъэм Iэ щIрадзащ.
♦1966 гъэм къыдэкIащ «Биттлз» уэрэджыIакIуэ гупым и «Револьвер» альбом цIэрыIуэр.
♦1975 гъэм Тюмень - Сургут гъущI гъуэгум япэ мафIэгур ирикIуащ.
♦1996 гъэм Урысейм къыщащтащ президент властым и дамыгъэхэр - УФ-м и Президентым и бэракъыр, Президентым и Нагъыщэр, Урысей Федерацэм и Конституцэм и тхылъ щхьэхуэу къэралым и Президентым папщIэ къыдагъэкIар.
♦2016 гъэм Рио-де-Жанейрэ (Бразилие) къыщызэIуахащ XXXI гъэмахуэ Олимп Джэгухэр. Ахэр шыщхьэуIум и 21 пщIондэ екIуэкIащ. Адыгэхэм тхуэфIащ а Олимпиадэр - Мудрэн Беслъэн дыщэ (дзюдо), Джэду Iэниуар (бэнэкIэ хуит) дыжьын медалхэр къыщахьат абы.
♦1844 гъэм къалъхуащ урыс сурэтыщI-живописец цIэрыIуэ Репин Илья.
♦1850 гъэм къалъхуащ франджы тхакIуэ цIэрыIуэ Ги де Мопассан.
♦1893 гъэм къалъхуащ урыс актрисэ, макъ зыщIэмыт фильмхэм щыджэгуа Холодная Верэ.
♦1898 гъэм къалъхуащ совет усакIуэ-уэрэдус Лебедев-Кумач Василий.
♦1905 гъэм къалъхуащ авиаконструктор, академик, Социалист Лэжьыгъэм тIэунейрэ и ЛIыхъужь, къэрал дамыгъэ лъапIэ, саугъэт куэд зыхуагъэфэща Микоян Артём.
1934 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор Хъаний Мирон.
♦1939 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и артист, КъБР-м и цIыхубэ артист Алэкъей Мухьэмэд.

Дунейм и щытыкIэнур

   «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 25 - 26-рэ, жэщым градус 15 - 17 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Псалъэ дахэм гуауэр пщегъэгъупщэ.

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ
19.04.2024 - 16:23 НОБЭ