НОБЭ

Бадзэуэгъуэм и 10, блыщхьэ

1922 гъэм къалъхуащ КъШР-м и цIыхубэ усакIуэ, Абхъазым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Хьэнфэн Алим.

1931 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и юрист Щоджэн Iэбу.

1932 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Срыкъуэ ХьэмщIасэ.

1934 гъэм къалъхуащ химие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Ибрэхьим Хьэмзэт.

1942 гъэм къалъхуащ техникэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик Сэбаншы Хъусен.

1966 гъэм къалъхуащ КъБР-ми КъШР-ми щIыхь зиIэ я артисткэ Шэрджэс Iэсият.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 32 - 33-рэ, жэщым   градус 22-23-рэ щыхъунущ. ЩIым и  малъхъэдис щытыкIэм балли 5-кIэ зихъуэжынущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Псы Iуфэм Iусым псы икIыпIэр ещIэ.

 

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.

 

 

Поделиться:

Читать также:

28.11.2026 - 07:13 → НОБЭ
27.11.2026 - 12:22 → НОБЭ
26.11.2026 - 09:30 → НОБЭ
25.11.2026 - 13:40 → НОБЭ
24.11.2026 - 09:00 → НОБЭ