Урысей Федерацэм и чемпионатым хэтынущШэшэным и къалащхьэ Грознэ щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым дзюдомкIэ и зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ спортсмен 220-м щIигъу. Ди республикэм и щIыхьыр зыхъумахэм къахэжаныкIащ дыжьын медалхэр абы къыщызыхьахэу килограмм 52-м нэс зи хьэлъагъ цIыхубзхэм я зэпеуэм хэта Мысыр Каринэрэ килограмми 100-м нэблагъэ зи хьэлъагъ цIыхухъухэм я деж щыбэна Уянаев Ислъамрэ. Ахэр я гъасэнщ Емкъужхэ Нурмухьэмэдрэ Рустамрэ, Апхуд Анзор, Иванов Дмитрий сымэ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 17:23 →
Шууей гупышхуэ Бахъсэн щызэхуос
27.11.2026 - 16:00 →
Спорт хъыбархэр
25.11.2026 - 16:00 →
ТIуми медаль къахь
23.11.2026 - 18:00 →
Балъкъэр бэнакIуэхэр ягъэлъапIэ
19.11.2026 - 14:49 →
Спорт хъыбархэр
| ||




