НОБЭБадзэуэгъуэм и 15, гъубж ♦ЩIалэгъуалэр IэпщIэлъапщIагъэм хуэгъэсэным и дунейпсо махуэщ ♦1939 гъэм Бахъсэн, Аруан, Iуащхьэмахуэ щIыналъэхэм район газетхэр къыщыдэкIыу хуежьащ. ♦1924 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и юрист Шакъ Беслъэн. ♦1925 гъэм къалъхуащ IуэрыIуатэдж, литературэдж, критик, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, профессор Пщыбий Инал. ♦1928 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, IуэрыIуатэдж, литературэдж, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Абхъаз Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Нало Заур. ♦1939 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Ашэбокъуэ Леонид. ♦1948 гъэм къалъхуащ адыгэ усакIуэ Балъкъыз Батий. ♦1959 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и юрист Башорэ Хьэмид. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 32 - 34-рэ, жэщым градус 21 – 22-рэ щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Къыхэдзэ закъуэ - ежьуун бгъуэтынщ.
Поделиться:
Читать также:
17.08.2026 - 12:26 →
НОБЭ
14.08.2026 - 17:00 →
Псэущхьэ екIуэлIапIэншэхэми - гулъытэ
14.08.2026 - 13:50 →
НОБЭ
13.08.2026 - 07:55 →
НОБЭ
12.08.2026 - 12:25 →
НОБЭ
| ||




