НОБЭ

ШыщхьэуIум и 8, мэрем

Офтальмологием и дунейпсо махуэщ
Альпинизмэм и дунейпсо махуэщ
1942 гъэм
ЗыхъумэжыныгъэмкIэ Налшык комитетым унафэ ищIащ республикэм и къалащхьэм и къыдыхьэпIэхэм быдапIэхэр щаухуэну, щIытI лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIыну.
2008 гъэм Китайм и къалащхьэ Пекин къыщызэIуахащ XXIX гъэмахуэ Олимп джэгухэр. Алыдж-урым бэнэкIэмкIэ абы чемпион щыхъуауэ щытащ адыгэ щIалэ Хъущт Аслъэнбэч.
1937 гъэм
къалъхуащ балетмейстер Марыщ Заур.
1956 гъэм
къалъхуащ КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и Парламентым и депутат Къудали Мухьэмэд.
 
 

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 26 - 27-рэ, жэщым  градус 19 - 21-рэ щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Уи щхьэ хуэпщIыж уи пщIэщ.

 

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

18.05.2026 - 14:00 Iуэху цIыкIуфэкIукъым
18.05.2026 - 11:20 НОБЭ
15.05.2026 - 09:52 НОБЭ
14.05.2026 - 09:03 НОБЭ
13.05.2026 - 13:33 НОБЭ