Дунейм щыхъыбархэр

Вакцинэр къыщIагъэкIыу щIадзащ
 

Путин Владимир Правительствэм хэтхэм шыщхьэуIум и 11-м щахуэзам хэIущIыIу ищIащ коронавирус узыфэ зэрыцIалэм пэщIэтыфыну вакцинэ дунейм щыяпэу Урысейм хьэзыр зэрыщыхъуар икIи ар къагъэсэбэпыну хуит зэращIар. Урысей Федерацэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэр арэзы техъуащ эпидемиологиемрэ микробиологиемкIэ лъэпкъ къэхутакIуэ институтым, Гамалея Николай и цIэр зезыхьэм, ИнвестицэхэмкIэ урысей фондыр щIыгъуу игъэхьэзыра вакцинэм.

УФ-м и Президентым къыхигъэщащ, вакцинэр къэпщытэныгъэ псоми зэрыпхыкIар икIи абыхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, сэбэп зэрыхъур. Псалъэм къыдэкIуэу Президентым жиIащ ипхъури зэрахэтар вакцинэр цIыхум халъхьэным теухуауэ ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм.
«Си пхъуитIым я зым зыхригъэлъхьащ а хущхъуэгъуэр, ар япэу зрахьэлIэну гупым яхыхьэну арэзы хъури. Япэу мастэр щыхалъхьам абы и температурэр 38-м нэсу дригъэкIуеящ, зы махуэ дэкIри, 37-м тIэкIу щIигъу иIауэ аращ, иужькIэ и пIэм иувэжащ. ЕтIуанэ мастэр зыхригъэлъхьа нэужьи тIэкIурэ пщтыращ, иужькIэ псори тэмэм хъужащ. Иджыпсту и щытыкIэр тэмэмщ, къэпщытэныгъэм къызэригъэлъэгъуамкIи и Iэпкълъэпкъыр коронавирус узыфэм зэрыпэщIэтыфынум и дамыгъэ титрхэри лъагэщ», - жиIащ президентым
Къэралым узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Мурашкэ Михаил къыхигъэщащ вакцинэр цIыхум сэбэп зэрыхуэхъур икIи зэрышынагъуэншэр: ар зыхалъхьа псоми COVID-19 узыфэм пэщIэтыфыну пкъыгъуэхэр я Iэпкълъэпкъым хэлъ хъуащ икIи абыхэм языхэзми ар къехьэлъэкIакъым.
Вакцинэр зы цIыхум тIэу хэлъхьэгъуэу ирахьэлIэн хуейщ. Япэр хаIури, тхьэмахуищ дэкIа нэужь етIуанэу халъхьэ. IэщIагъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, апхуэдэ IэзэкIэм Iэмал къет цIыхур илъэситIкIэ а узыфэм щыхъума хъунымкIэ.
Путин Владимир фIыщIэ яхуищIащ вакцинэм елэжьа псоми.
«Къапщтэмэ, абы дуней псом дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ. Къэрал зыбжанэм иджыри щокIуэкI вакцинэр зэхэлъхьэным, абы сэбэпынагърэ зэраныгъэу къихьынкIэ хъунум теухуа къэпщытэныгъэхэр. Дыщогугъ абыхэми я къэхутэныгъэхэр псынщIэу зэфIэкIыу дуней псор зрикъун хущхъуэхэр зэгъусэу къыщIэдгъэкIыну», - жиIащ Путин Владимир.
COVID-19-м пэщIэтыфыну вакцинэр иджыпсту щащIыр Гамалея и цIэр зезыхьэ центрымрэ «Биннофарм» заводымрэщ. Хущхъуэр УФ-м и промышленностым куэду къыщIигъэкIыу щыщIидзэнур мы гъэм и кIэм ирихьэлIэущ. А лэжьыгъэм къыхашэну я мурадщ «Р-Фарм», «Генериум» компаниехэри.

Я дэIэпыкъуныгъэ
хуэныкъуэхэр езыхэм
къалъыхъуэ

Кировскэ областым и социальнэ лэжьакIуэхэм езыхэм къалъыхъуэ зыдэIэпыкъунухэр. Зи ныбжь хэкIуэта, зи узыншагъэр зэкIэлъымыкIуэ цIыху куэд хуэныкъуэщ щIэгъэкъуэн, ауэ абыхэм ящыщ псоми ящIэркъым абы и лъэныкъуэкIэ къэралым и пщэ къыдэхуэхэр.

Кировскэ областым а Iуэхум бгъэдыхьэкIэщIэ къыщыхуагъуэтащ: щIыналъэм щолажьэ гулъытэ зыхуащIын хуейхэр къэзылъыхъуэ IэнатIэ щхьэхуэ. Абыхэм наIуэ къащI зи щхьэ Iуэху зезымыхуэжыфхэр, къакIэлъыплъыни зимыIэхэр. Социальнэ лэжьакIуэхэр узыншагъэр хъумэным епха IуэхущIапIэхэм щыщIоупщIэ икIи иужьрейхэм ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм кърикIуахэр зрагъащIэ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ абыхэм къагъуэт цIыху сымаджэхэр икIи абыхэм сэбэп яхуэхъуну, социальнэ Iуэхутхьэбзэхэр хуащIэну зэрыхьэзырымкIэ хъыбар ирагъащIэ.
«Узыншагъэм и плъырхэр» проектым хыхьэ Iуэхухэр зэфIагъэкIкIэрэ, медицинэ лэжьакIуэ-волонтерхэр, социальнэ лэжьакIуэхэр тхьэмахуэ къэс къуажэхэм макIуэ икIи ныкъуэдыкъуэхэм, жьы хъуахэм я унагъуэхэм яхуеблагъэурэ абыхэм я узыншагъэр зыхуэдэр зрагъащIэ, ахэр щыгъуазэ ящI щIыналъэм къыщыхуащIэн хуей Iуэхутхьэбзэхэр зыхуэдэм.

Нобэ

Абхъазыр зыхъумэу хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ. 1992 гъэм Куржы-Абхъаз зауэм щIидзащ.
Пакистан Ислъам Республикэм и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ. 1947 гъэм Пакистаныр къэрал щхьэхуит хъуащ.
Португалием щагъэлъапIэ корридэр къыщагупсыса махуэр
1908 гъэм Фолкстон (Инджылыз) дунейм щыяпэу щрагъэкIуэкIащ цIыхубзхэм я нэхъ дахэр къыхэхыным теухуа конкурс.
1917 гъэм Урысейм и пащтыхь Романов Николайрэ и унагъуэмрэ Тобольск щыпсэуну гъэIэпхъуэным теухуа унафэ къищтауэ щытащ ПIалъэкIэ щыIэ Правительствэм.
1930 гъэм СССР-м къыщащтащ дэтхэнэ и цIыхуми пэщIэдзэ щIэныгъэ Iэмал имыIэу зригъэгъуэтын зэрыхуейм теухуа унафэ.
1932 гъэм Москва Союзхэм я унэм и Колоннэ залым цIыхубэ творчествэмкIэ щекIуэкIа зэпеуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэм етIуанэ увыпIэр щаубыдащ.
1941 гъэм США-м и президент Рузвельт Франклинрэ Инджылызым и премьер-министр Черчилль Уинстонрэ Iэ традзащ «Атлантикэ хартие» зыфIаща декларацэм. Абы щыубзыхуат нацист Германием пэщIэтыным ехьэлIа Iуэхухэр.
1944 гъэм Владимирскэ, Тюменскэ областхэр къызэрагъэпэщащ.
2010 гъэм шыщхьэуIум и 14 - 26-хэм Сингапур щекIуэкIащ ныбжьыщIэхэм я I гъэмахуэ Олимп Джэгухэр. Абыхэм хэтащ къэрал 204-м щыщ спортсмен 3531-рэ. УФ-м и командэм медаль 45-рэ къихьри, а зэхьэзэхуэхэм етIуанэ увыпIэр щиубыдауэ щытащ.
1867 гъэм къалъхуащ Инджылызым щыщ тхакIуэ, драматург, усакIуэ, Нобель и саугъэтым и лауреат Голсуорси Джон.
1941 гъэм къалъхуащ шэрджэс усакIуэ, тхакIуэ Дыгъужь Къурмэн.
1948 гъэм къалъхуащ Тырку Республикэм щылажьэ КАФФЕД зэгухьэныгъэм хэт, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Джандемир (Гугъэв) Джихьан.
1956 гъэм къалъхуащ IэпщIэлъапщIэ, УФ-м и Художникхэм я зэгухьэныгъэм хэт Мэстафэ Вячеслав.
1961 гъэм къалъхуащ шэрджэс усакIуэ, КъШР-м, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ я журналист, «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэ Тхьэгъэпсэу Увжыкъуэ.
1966 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Тхьэщыгъуей Жаннетэ.

Дунейм и щытыкIэнур

   «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 23 - 26-рэ, жэщым градус 17 - 18 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Псыджэд псым итхьэлэркъым,
мэлыхъуэхьэ дыгъужьым ихьыркъым.

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

27.03.2024 - 15:00 НОБЭ
26.03.2024 - 08:01 НОБЭ
25.03.2024 - 12:07 НОБЭ
22.03.2024 - 15:54 Псым и махуэ