НОБЭ

ШыщхьэуIум и 11, блыщхьэ

♦1957 гъэм Москва щызэхуащIыжащ ЩIалэгъуалэмрэ студентхэмрэ я VI дунейпсо фестивалыр. Хэкум ис адыгэхэмрэ хамэ къэралхэр IэмалыншагъэкIэ псэупIэ зыхуэхъуахэмрэ я лIыкIуэхэу а зэхуэсышхуэм хэтахэр абы щызэрыгъуэтыжауэ, я хъыбар щызэIэпахауэ щытащ.

♦1934 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ артист, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Къаздэхъу СулътIан.

♦1945 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, РАЕН-м и член-корреспондент, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Елгъэр Анатолэ.

♦1966 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор ДзыхьмыщI Иринэ.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэфIу щыщытынущ.  Хуабэр махуэм   градус 29 – 30, жэщым градус 18 - 20 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

ХьэщIэр гъафIэ, цIыхуфIыр лъытэ.

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

11.09.2026 - 12:10 НОБЭ
10.09.2026 - 09:30 НОБЭ
09.09.2026 - 12:28 НОБЭ