Шмидт и Пхъэхуей

  Императорым и урыс географие зэгухьэныгъэм и унафэкIэ 1859 - 1862 гъэхэм урыс ботаник, геолог Шмидт Фёдор хэтащ ­КъуэкIыпIэ Жыжьэм щыIа экспедицэм. Ар тетхыхьыжащ Приа­му­рьемрэ Сахалинрэ я щIы­уэп­сым иIэ щхьэхуэныгъэ­хэм, гъэ­щIэгъуэну гу зылъитахэм. Абы щыгъуэ къихутащ жыг лIэужьыгъуэ телъыджэ. Жы­гыр къэзыхутам и цIэкIэ Шмидт и пхъэхуей фIащащ. Ар Урысейм и Приморскэ крайм къыщокI. УщрохьэлIэ Китайм, Кореем, Японием. 

Тхылъ Плъыжьым иратхащ
Шмидт и пхъэхуейр Урысейм и Тхылъ Плъыжьым иратхащ. Мы­валъэ щIыпIэхэм фIыуэ къыщокI, дыгъэ фIэфIщ, урысхэм я ­щIымахуэ ткIийм щышынэркъым, уеблэмэ уэгъуми фIы дыдэу полъэщ. Жыгхэм куэду зэхэту урихьэлIэркъым, атIэ зыбжанэурэ яхыболъагъуэ жыгей, уэздыгъей, псей, кIей, бзииху къыщыкI щIы­пIэхэм.
Жы­гыр щIэмэ, и пхъафэм плъыжь-фIыцIафэ къыщIохьэ, тIо­- ры­сэмэ-яжьафэ-фIыцIафэщ. Шмидт и жыгыр илъэс 300 - 350- кIэ мэпсэу. Метр 20 - 25-кIэ докIей, сантиметр 80 и бгъуагъщ. Пэжщ, ап­хуэдэу лъагэ щыхъур нэхъ тIорысэ щыхъум дежщ. Япэ илъэс ­50-м жыгыр къызэрыкIыр егъэлеяуэ хуэмущ. АдэкIэ зречри, псынщIэу зеужь.

ГъущIым хуэдэу быдэщ
Шмидт и жыгыр нэхъри хьэлэмэт ещI абы и пхъэм иIэ быдагъымрэ хьэлъагъ къызэрымыкIуэмрэ. Апхуэдэ жыгыр джыдэкIэ къибудыну иужь уимыхьэмэ нэхъыфIщ - игъащIэкIэ упэлъэщы­нукъым. Уеблэмэ, фочышэ пхыкIыркъым. Шмидт и жыгым и пхъэр шыгуным нэхърэ тIукIэ нэхъ быдэщ, и быдагъыр гъущIым хуа­гъадэ. 
XIX лIэщIыгъуэм щыгъуэ Приморьем иджыри тыншу щыб­гъуэтыртэкъым зэрылажьэ Iэмэпсымэ куэд. Абыхэм ящыщ куэд къыхащIыкIыу щытащ Шмидт и пхъэхуейм. Пхъэр промышлен-      нэ Iуэхухэми къыщысэбэпырт. Абы къыхащIыкырт зэрыдэ машинэм и челнок. ИкIи ахэр куэдкIэ нэхъыбэрэ зекIуэрт. 1932 гъэм «Совторгфлот» кхъухь компанием къэхутэныгъэ гъэщIэгъуэн иригъэкIуэкIащ. БахъэкIэ лажьэ катер-машинэм и шипщIагъхэр (подшипник) апхуэдэ пхъэ­хуейм къыхащIыкIащ, гъущIым и пIэкIэ. Шмидт и жыгыр гъущIым пэплъыт зэрыхъунум щыхьэт техъуащ ар.

МафIэм исыркъым
Шмидт и пхъэхуейр мафIэм тыншу исыркъым. Зэгуэрым Приморье мэзым мафIэсышхуэ къыщыхъуауэ, псейхэмрэ уэздыгъейхэмрэ къахэмынэIауэ исри, Шмидт и пхъэхуейхэр къелауэ щытащ. Ар и сэбэпщ и пхъэм и Iувагъым - кубометрым хуэзэу килограмм 1048-м щегъэжьауэ 1100-м нэс. Шмидт и пхъэхуейр фыркъым. Жыгым и лъэдийр пыхауэ щIым хэлъыфынущ илъэс пщIы бжыгъэкIэ, абы щыгъуэми зыри къыщыщIынукъым, пхъафэр тегъукI мыхъумэ.

Гъэбэгъуэн хуейуэ къалъытэ
Мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор Гукков Геннадийрэ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор Разломий Натальерэ «Шмидт и пхъэхуейр Приморскэ крайм: къыщыкIыр, зэрызиужьыр, и мыхьэнэр» щIэ­ныгъэ лэжьыгъэр зэдатхауэ щытащ. Ар ихуащ 2020 гъэм Новосибирск щекIуэкIа «ЩIым теухуа щIэныгъэр мэкъумэш щащIэхэм я зыужьыкIэм хэту» V урысейпсо щIэныгъэ конференцым хэтахэм я тхыгъэхэр щызэхуэхьэса тхылъым. ЩIэныгъэлIхэм къалъытэ а пхъэхуей лIэужьыгъуэр хъумэн къудей мыхъуу, гъэбэгъуэнми мыхьэнэ етын хуейуэ.

Поделиться:

Читать также:

10.04.2026 - 17:57 Кхъэр ягъэкъабзэ
10.04.2026 - 11:28 НОБЭ
09.04.2026 - 07:30 НОБЭ
08.04.2026 - 11:04 НОБЭ
07.04.2026 - 09:55 НОБЭ