ШыщхьэуIум и 21, махуэку
Терроризмэм и зэранкIэ хэкIуэдахэр ягу къыщагъэкIыж дунейпсо махуэщ
Урысейм щагъэлъапIэ Офицерым и махуэр
1561 гъэм Урысейм и пащтыхь Грозный Иван щхьэгъусэу ишащ къэбэрдеипщ Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ (Марие).
1964 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубзхэм я V съездыр екIуэкIащ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 26 - 27-рэ, жэщым градус 19 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Зэхэпх псор уи фIэщ умыщI.
Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.