КъБР-м и япэ Президентым и фэеплъ шыгъажэ

Мы гъэм жэпуэгъуэм и 10 - 12-хэм Бахъсэн къалэм и «Джэдыкъуэ Плъыжь» шы-спорт комплексым щекIуэкIынущ гъуэгуанэ кIыхьхэр шыкIэ зэпычынымкIэ СНГ-м и чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIухамрэ. Зэпеуэхэр къызэрагъэпэщ КъБР-м и япэ Президент КIуэкIуэ Валерэ и фэеплъу. Абы кърагъэблэгъэнущ къэрали 10-м я шууей 200-м щIигъу.
«КъБР-м и япэ Президент КIуэкIуэ Валерэ и фэеплъ зэхьэзэхуэ Джэдыкъуэ аузым щыдогъэкIуэкI 2015 гъэм щегъэжьауэ, ковидыр щыщыIа 2020 гъэр хэмыту. Дауи, иджырей зэхьэзэхуэми зыхуэдгъэхьэзырынущ, ар екIуу едгъэкIуэкIын хуэдэу», - щитхащ Бахъсэн къалэм и администрацэм и унафэщI Мамхэгъ Хьэчим езым и телеграм-каналым.

НэхъыфIхэр ягъэлъапIэ

Физкультурникым и махуэм ирагъэхьэлIэри, Бахъсэн районым физкультурэмрэ спортымрэ зыщегъэужьыным хэлъхьэныгъэфIхэр хуэзыщIа тренерхэр, спорт еджапIэхэм я унафэщIхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ щIыналъэ администрацэм щагъэлъэпIащ иджыблагъэ. 
Бахъсэн районым и щIыпIэ администрацэм и унафэщI Балъкъыз Артур кърагъэблэгъахэм гуапэу ехъуэхъуащ икIи фIыщIэ яхуищIащ щIыналъэм и цIыхухэр узыншэу псэуным хуэунэтIауэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэ купщIафIэм папщIэ. 
«ЦIыху узыншэм и акъылри узыншэщ. А псалъэм и мыхьэнэр нэхъыбэ хъууэрэ макIуэ махуэ къэс. Физкультурникым и махуэр зейр гъащIэ узыншэр къыхэзыххэрщ, спортым дихьэххэрщ, къытщIэхъуэ щIэблэр зыгъасэхэрщ, абыхэм щапхъэфI яхуэхъухэрщ. Фи егугъуныгъэм и фIыгъэкIэ Бахъсэн районным щыщхэм спортым щаIэ ехъулIэныгъэхэм дригушхуэ зэпытщ», - жиIащ Балъкъыз Артур.
Абы иужькIэ Къулъкъужын Ищхъэрэм и курыт еджапIэ №3-м физкультурэмкIэ и егъэджакIуэ Тхьэгъэпсо Ахьмэд, спорт еджапIэ №3-м и тренер Къардэн Азэмэт, спорт еджапIэ №2-м и унафэщI Къаскъул Мухьэмэд сымэ я лэжьыгъэхэм щаIэ ехъулIэныгъэфIхэмрэ я IэнатIэхэм псэ хьэлэлкIэ зэрыбгъэдэтымрэ щхьэкIэ Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и унафэщIым щIыхь тхылъхэр яритащ. Апхуэдэуи фIыщIэ тхылъ хуагъэфэщащ Бахъсэн районым спортымкIэ и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Гъузий Мухьэмэд.

НАУРЫЗ Мысост.
Поделиться:

Читать также: