Дунейм щыхъыбархэр

Нобэ

♦Терроризмэм и зэранкIэ хэкIуэдахэр ягу къыщагъэкIыж дунейпсо махуэщ
♦Урысейм щагъэлъапIэ Офицерым и махуэр
♦Латвием и къэрал щхьэхуитыныгъэр щызэфIагъэувэжа махуэщ
♦1561 гъэм Урысейм и пащтыхь Грозный Иван щхьэгъусэу ишащ къэбэрдеипщ Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ (Марие).
♦1911 гъэм Лувр музейм (Париж) щIадыгъукIащ Леонардэ да Винчи и сурэт цIэрыIуэ «Джоконда» зыфIищар. Ар зыхузэфIэкIари а музейм щылажьэ, гъуджэхэр щIыным хуэIэзэ Перуджи Винченцэт. ИлъэситI дэкIа нэужьщ абы и лъэужь техьэу сурэтыр къыщагъуэтыжар, дыгъуакIуэри щагъэтIысар.
♦1923 гъэм СССР-м и Къэрал планыр къызэрагъэпэщащ.
♦1932 гъэм Венецием (Италие) япэ дунейпсо кинофестивалыр щызэхэтащ.
♦1943 гъэм СССР-м унафэ къыщащтащ Суворовым, Нахимовым я цIэхэр зезыхьэ, ныбжьыщIэхэр щрагъэджэну дзэ училищэхэр къызэгъэпэщыным теухуауэ.
♦1964 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубзхэм я V съездыр екIуэкIащ.
♦1968 гъэм Варшавэ зэгурыIуэныгъэм хыхьэ къэралхэм я дзэхэр Чехословакием ирашащ.
♦1973 гъэм СССР-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм и академиер къызэрагъэпэщащ.
♦1991 гъэм ГКЧП-м къэралым къыщызэригъэпэща путчым и мурадахэр къызэремыхъулIар наIуэ къэхъуащ, Совет Союзым властыр щызыубыдыну хущIэкъуахэр яубыдащ.
♦1929 гъэм къалъхуащ театрымрэ киномрэ я актрисэ, СССР-м и цIыхубэ артисткэ Артмане Вие.
♦1973 гъэм къалъхуащ боксёр цIэрыIуэ, УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Валуев Николай.
♦1986 гъэм къалъхуащ Ямайкэм щыщ спортсмен цIэрыIуэ, дунейм атлетикэ псынщIэмкIэ пщыкIузрэ чемпион щыхъуа, Олимп Джэгухэм 8 щытекIуа Болт Усейн.
♦1987 гъэм къалъхуащ урысей биатлонист, Олимп чемпион, нэгъуэщI дунейпсо зэхьэзэхуэ куэдми щытекIуа, УФ-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Шипулин Антон.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 21 - 24-рэ, жэщым градус 17 - 18 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Джэгугъуэм лIыхъужьщ, зэуэгъуэм жьындущ.

 

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

28.11.2026 - 07:13 → НОБЭ
27.11.2026 - 12:22 → НОБЭ
26.11.2026 - 09:30 → НОБЭ
25.11.2026 - 13:40 → НОБЭ
24.11.2026 - 09:00 → НОБЭ