НОБЭ

ФокIадэм и 3, бэрэжьей

♦Терроризмэм ебэныным и дунейпсо махуэщ

♦Беслъэн къалэм къыщыхъуа терактым хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ

♦1612 гъэм Пожарский Дмитрийрэ адыгэпщ Черкасский Къанщауэрэ польшэдзэм текIуащ.

♦1932 гъэм къалъхуащ КъБР-м и къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, КъБАССР-м и Министрхэм я Советым и УнафэщIу щыта Дохъушокъуэ Мусэ.

♦1934 гъэм къалъхуащ УФ-ми КъБР-ми щIыхь зиIэ я егъэджакIуэ Гугъуэт Лол.

♦1936 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI, скульптор БжэIумых Хьид.

♦1964 гъэм къалъхуащ литературэдж, тхакIуэ, КъБКъУ-м и доцент Абазэ Албэч.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 25 - 26-рэ, жэщым   градус 18 - 19 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Нэр псэм зыщIешэ, гум гур къреджэ.

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

28.11.2026 - 07:13 → НОБЭ
27.11.2026 - 12:22 → НОБЭ
26.11.2026 - 09:30 → НОБЭ
25.11.2026 - 13:40 → НОБЭ
24.11.2026 - 09:00 → НОБЭ