ФокIадэм и 5, мэрем
Псапэ щIэным и дунейпсо махуэщ
1936 гъэм Бахъсэн ГЭС-р лажьэу яутIыпщащ
1895 гъэм къалъхуащ усакIуэ, композитор, пшынауэ, уэрэджыIакIуэ, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къэжэр Индрис.
1933 гъэм къалъхуащ УФ-ми КъБР-ми щIыхь зиIэ я энергетик, жылагъуэ лэжьакIуэ Къущхьэ Мухьэжид.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 26 - 27-рэ, жэщым градус 15 – 17 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Узэрымылъагъуу IэфI щыIэкъым.
Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.