Шейм и къежьапIэр

Шейм и хэкуу къалъытэ Китайр. Абы и пащтыхьу щыта Нуну Шень япэу игъэвауэ щытащ шей. Ар къыщыхъуар ди эрэм ипэкIэ 2700 гъэрщ. Пащтыхьым псы къигъэвэну мафIэм ­тригъэувэри, абы зэрымыщIэкIэ хэлъэлъащ жыгым къы­пыщэща тхьэмпэхэр. Ар пащтыхьым гъэщIэгъуэн щыхъуащ икIи тхьэмпэхэм псыр къыщIигъэвыкIащ. Ефэри хуабжьу гурыхь щыхъуащ. А Iуэхум и ужькIэ, Китайм зыщрагъэсащ шей удз ягъэкIыу, ар къагъэсэбэпу.

XVI лIэщIыгъуэм Китайм и деж япэу шей къыщищэхуу щIи­дзащ Голландием. Уеблэмэ къэралыгъуэхэм зэгурыIуэныгъэ зэраухылIат - Голландием Китайр щихъумэрт пиратхэм, абы къыпэкIуэу Китайр Голландием дэIэпыкъурт шей хьэрычэтыр зэтригъэувэнымкIэ. Японием шейр нэсауэ къалъытэ ди эрэм ипэкIэ 8-нэ лIэщIыгъуэм ирихьэлIэу. 1728 гъэм Индием шей къа­­гъэкIыу зрагъэсэнымкIэ къыдэIэпыкъуащ Голландиер, Инджы­лызми шейр къэзыгъэсар Голландиерщ.
Урысейм шейр къыщыунэхуащ Европэм и пэ, ауэ КъуэкIыпIэм и ужь. XVI лIэщIыгъуэм мащIэ дыдэу шейр къэралым къыщрахьэ щыIэт тыгъэу. 1567 гъэм Китайм щыIа къэзакъ атаманхэу Петроврэ Ялышеврэ китай пащтыхьым къыбгъэдэкIыу урыс пащтыхьым къыхуашащ пхъуантэжьей гъэщIэрэщIам дэлъ шей гъуэжьыр. 1638 гъэм урыс лIыкIуэ Старков Василий пащтыхьым къыхуишэжат монгол хъаным къыхуригъэхьа шей килограмм 64-рэ. 1665 гъэм шейкIэ еIэзэрт сымаджэ хъуа пащтыхь Романов Алексей. Ауэрэ шейр Сыбырми нэсащ. XVII лIэщIыгъуэм Урысейм шей щефэрт боярхэмрэ абыхэм я блыгущIэтхэмрэ. Шей ящэрт сондэджэр къулейхэм. XVIII лIэщIыгъуэм шей къэ­зы­щэхуфхэм яхыхьащ дворянхэри. XIX лIэщIыгъуэм шейр Урысейм щызэщIэлъэIэсыпащ. 
Пётр Езанэм и пащтыхьыгъуэм Урысейм шейр нэхъри цIэрыIуэ щыхъуауэ щытащ. 1707 гъэм абы чэруан Китайм иутIыпщат шей Iуэху зэрахуэну. Урысей хьэпшыпхэр абы шейкIэ е дыжьынкIэ къыщахъуэжырт. XVIII лIэщIыгъуэм и кIэухым ирихьэлIэу Урысейм Китайм илъэсым къриубыдэу къришырт шей тонн 327-рэ.
Нэхъапэм Урысейм щацIыхуу щытар шей гъуэжьрэ удзы­фэрэщ. ЩефэкIи, фошыгъу хадзэртэкъым. Абы къыхэкIыу, бзылъхугъэхэм зыкъомрэ гурыхь ящыхъуакъым ар - яфIэды­джт. Урысейм хабзэ щыхъуащ шейм умыпIащIэу, ууэршэру-рэ уефэну. Шей ефэныр яуха нэужь, зыкъызэрырагъащIэ Iэмалхэри щыIэщ. XVIII - XIX лIэщIыгъуэхэм хьэщIэм шей зэрефа Iэгубжьэр иIубрэ шейщIэтым иригъэувэжамэ, зэрырикъуар ­къригъэкIырт. Иужьым, Европэм щапхъэ трахри, Iэгубжьэ нэщIым бжэмышхыр иралъхьэу къаублащ, шей ефэн зэраухам и щыхьэту. ЕмыкIуу къалъытэрт Iэнэм упэрысу шейм уепщэурэ бгъэупщIыIуныр, Iэгубжьэм макъ ищIу ебудэкIыурэ шейр зэ­Iып­щIэныр. XIX лIэщIыгъуэ пщIондэ Урысейм щрафу щытар китай шейщ. ИужькIэ къашэ хъуащ Индием, Цейлоным я шейхэри.
Япэу шей губгъуэхэр къыщыунэхуащ Батуми, Краснодар крайм, Азербайджаным. 1913 гъэм Урысейм щыIэт шей фабрики 5. Абыхэм ящыщ зым Париж щыIа дунейпсо шей гъэлъэ­гъуэныгъэм саугъэт къыщихьауэ щытащ.
Тхыгъэри  сурэтри
ГУГЪУЭТ  Заремэ  ейщ.

Поделиться:

Читать также:

19.05.2026 - 15:46 НОБЭ
18.05.2026 - 14:00 Iуэху цIыкIуфэкIукъым
18.05.2026 - 11:20 НОБЭ
15.05.2026 - 09:52 НОБЭ
14.05.2026 - 09:03 НОБЭ