Бакъейм – дыщэ, Джыджийм - дыжьын![]() Килограмм 51-рэ зи хьэлъагъхэм я деж ди щIалэм кIэух зэхьэзэхуэр къыщыфIихьащ Санкт-Петербург къалэм и спортсмен Мамаев Гаджимурад. Темболэт и тренерхэр ПщыукI Артуррэ Бакъей Рустамрэщ. Ди республикэм и щIыхьыр ихъумэу зэхьэзэхуэм щыIа бэнакIуэ Джыджий Къантемыр мызыгъуэгукIэ етIуанэ хъуащ. Килограмм 92-рэ зи хьэлъагъхэм я деж финалым ар къыщыхигъэщIащ Дагъыстэным и спортсмен Абдуразак Шабанов. Ди щIалэм и тренерыр Хъубий Муратщ. Къыхэдгъэщынщи, Бувайсар Сайтиев и фэеплъ зэхьэзэхуэм мы гъэм хэтащ къэрали 8-м я бэнакIуэ 300-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс 18-м щIимыгъуауэ. КЪУЭЖЕЙ Алим.
Поделиться:
Читать также:
05.10.2026 - 17:00 →
Спорт хъыбархэр
04.10.2026 - 16:38 →
Спорт хъыбархэр
28.09.2026 - 18:39 →
Къуныжьыр зэкIэ ещанэщ
25.09.2026 - 16:33 →
ЕкIуу къагъэзэж
24.09.2026 - 15:30 →
Дыдейхэри хуэмыхуакъым
| ||





