ЩIыналъэхэр зэхоуэ![]() Налшык къалэм и «Спартак» стадионым щекIуэкIащ «Районхэм я зэхэуэ» щIыналъэ зэхьэзэхуэм и кIэух зэIущIэхэр. Финалым щызэхуэзащ Бахъсэн къалэм и командэмрэ Терекскэ къуажэм и топджэгу гупымрэ. ЗэIущIэм и бжыгъэр 3:2-уэ мыбдежым япэ увыпIэр бахъсэндэсхэм къахьащ. Тэрч щIыналъэм и лIыкIуэхэр етIуанэ хъуащ. Ещанэ увыпIэр зэдагуэшащ Псыгуэнсурэ Джэрмэншыкрэ къуажэхэм я командэхэм. Къыхэдгъэщынщи, «Районхэм я зэхэуэ» щIыналъэ зэхьэзэхуэр мазитIкIэ екIуэкIащ икIи абы къызэщIиубыдащ КъБР-м и район псори. Ипэ илъэсхэм хуэдэуи, мы гъэм ар къызэрагъэпэщащ икIи ирагъэкIуэкIащ Мидаевхэ Уэсмэнрэ Умаррэ зэкъуэшитIым, КъБР-м ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ, СпортымкIэ и министерствэхэр, хьэрычэтыщIэхэр къадэIэпыкъуу. Футбол зэIущIэр щызэхуащIыжым къэпсэлъащ КъБР-м ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэт. «Спорт къэхъукъащIэ нэхъ инхэм, ди щIалэгъуалэр ипэжыпIэ зыщIэхъупсхэм хуэдэ хъуащ «Районхэм я зэхэуэр». Нобэ абы къызэщIеубыдэ командэ 70, спортсмену 1500-м щIигъу, пщIы бжыгъэкIэ натынхэр ягъэлъагъуэ, футболым дихьэххэр мин бжыгъэкIэ абыхэм кIэлъоплъ». – жиIащ министрым. КъБР-м спортымкIэ и министрым и къуэдзэ Хэжь Заур къызэрыхигъэщамкIэ, мыбы хуэдэ Iуэхугъуэхэм къалэнышхуэ ягъэзащIэ –республикэм и цIыху нэхъыбэ футболым драгъэхьэх. Фигу къэдгъэкIыжнщи, «Районхэм я зэхэуэ» пэхуэщIэр хэтщ Урысей футбол зэгухьэныгъэм иригъэкIуэкI «Урысейр – футбол къэралщ» зэхьэзэхуэм. Ар илъэсищ хъуауэ мэлажьэ, зэIущIэхэр ирагъэкIуэкI командэ къэс топджэгуи 8 хъууэ, таймитIу гуэшащ, тIуми дакъикъэ 15 я кIыхьагъыу. Абы нэмыщI, кIэух зэхьэзэхуэм ВАР Iэмалыр къыщагъэсэбэп. Мидаев Уэсмэн зэрыжиIамкIэ, зэхьэзэхуэм къыхыхьэ командэхэм я бжыгъэм илъэс къэс къыхохъуэ, КъБР-м и щIыналъэхэми нэхъ мащIэ дыдэу командипщI щоджэгу. «Ди къалэн нэхъыщхьэр республикэм и районхэм я цIыхухэр зэрыдгъэубыдынырщ. ЕдгъэкIуэкI зэIущIэхэм кIэлъыплъыну къакIуэм и нэхъыбэр унагъуэщ - сабийхэри, нэхъыжьхэри зэгъусэщ. КъызэрыщIэкIымкIи, ди унагъуэхэр быдэ хъунум, узыншэным, зэгъусэу нэхъыбэрэ зэманыр зэдагъэкIуэным мыр и зы IэмалыфIщ», - жиIащ абы. ХЬЭТIОХЪУЩОКЪУЭ Аслъэн.
Поделиться:
Читать также:
08.05.2026 - 14:44 →
КъэралитIым зыкъыщагъэлъагъуэ
06.05.2026 - 15:59 →
Спорт хъыбархэр
05.05.2026 - 10:01 →
Налшык къалэ и хьэщIэщхэр
05.05.2026 - 09:58 →
Къыпэхъун куэд щыIэкъым
05.05.2026 - 09:00 →
ЛIыхъужьым и фэеплъу
| ||





