Зы япэрэ ещанэрэ

Севастополь къалэм щекIуэкIащ Урысей Ипщэм щыпсэу лъэпкъхэм щэнхабзэмрэ спортымкIэ я I6-нэ щIыналъэ фестиваль. Ар теухуауэ щытащ ТекIуэныгъэ Иныр къызэрытхьрэ мы гъэм илъэс 80 зэрырикъум икIи абы хэтащ Кавказ Ищхъэрэмрэ Ипщэ федеральнэ округымрэ я щIыналъэ I6-м я командэхэр. 
Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэхьэзэхуэм цIыху 37-кIэ къыщыгъэлъэгъуат икIи ахэр хэтащ спорт лIэужьыгъуиблымкIэ ирагъэкIуэ зэпеуэхэм: – футбол цIыкIумкIэ, фиджитал-баскетболымкIэ, кIэпсэкIэ зэпекъунымкIэ, сэр дзынымкIэ, самбэмкIэ, шабзэкIэ нэщэнэ еуэнымкIэ, армрестлингымкIэ.
Ди спортсменхэм ящыщу Кулюшинэ Янэ япэ увыпIэр къыщихьащ шабзэкIэ нэщэнэ еуэнымкIэ зэхьэзэхуэм, армрестлингымкIэ Бейтыгъуэн Iэмин ещанэ хъуащ.
 Командэ зэпеуэм КъБР-р еханэ увыпIэм къыщыувыIащ. 

ЗэкIэ етIуанэщ
«Шаг в Будущее СКФО» фIэщыгъэр зэрихьэу стIолыщхьэ теннисымкIэ рейтинг баллхэр щат, щIыналъэхэм я зэхьэзэхуэ ЕсынтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. 
Абы щызэпеуащ Кавказ Ищхъэрэм, Краснодар краймрэ Адыгеймрэ я спортсмен, щIалэхэри хъхыджэбзхэри зэгъусэу, 50-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс I4-м щIиымгъуауэ. 
Зэхьэзэхуэм екIуу зыкъыщигъэлъэгъуащ икIи етIуанэ увыпIэр къыщихьащ Хъыдзэдж Беллэ и гъэсэн Къуэдз Денизэ.

ХЬЭТIОХЪУЩЫКЪУЕЙ Аслъэн.
Поделиться:

Читать также: