ФокIадэм и 16, гъубж
♦ЩIым и озон къатыр хъумэным и дунейпсо махуэщ
♦1918 гъэм Бэракъ Плъыжь орденыр къащтащ.
♦1931 гъэм Москва Гуащэхэм я къэрал академическэ театр къыщызэIуахащ. Театрым зэрехьэ абы и къызэгъэпэщакIуэ, илъэс куэдкIэ и унафэщIу щыта, СССР-м и цIыхубэ артист Образцов Сергей и цIэр.
♦1944 гъэм Налшык къыщызэIуахащ республикэм и дохутырхэм я зэхуэс.
♦1943 гъэм къалъхуащ Абазэ Хасэм и тхьэмадэ, КъШР-м и ЦIыхубэ Зэхуэсым и депутату щыта Шенкао Мухьэдин.
♦1951 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Ащхъуэт Олег.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 13 - 18, жэщым градус 14 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Щхьэр къэхь, жаIэмэ, пыIэр къахь.