Хабзэмрэ лIыгъэмрэ![]() Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым Адыгэхэм я махуэм и щIыхькIэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ щIыналъэхэм я зэхьэзэхуэ. Хэгъэрейхэм нэмыщI, абы хэтащ Осетие Ищхъэрэ – Аланием, Ставрополь крайм, Къэрэшей-Шэрджэсым я бэнакIуи 150-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс 15-16-м щIимыгъуауэ. Ахэр гупибгъуу гуэшауэ щытащ.
Зэхьэзэхуэр къызэрагъэпэщащ КъБР-м СпортымкIэ и министерствэмрэ УФ-м дзюдомкIэ щIыхь зиIэ и тренер Ныр Сеф и цIэр зезыхьэ спорт еджапIэмрэ.
«Хабзэ хъуауэ, илъэс къэс едгъэкIуэкI зэхьэзэхуэм мы гъэм къедгъэблэгъащ ди гъунэгъу щIыналъэхэм я командэхэри. Апхуэдэу щыхъукIи, мызэкIэ абы хэтакъым УФ-м пашэныгъэр къыщыхьынымкIэ екIуэкIыну зэпеуэм хэхуахэр, нэхъыфIу абы зыхуагъэхьэзырын папщIэ. Мыдрейуэ, 2009 - 2010 гъэхэм къалъхуахэм я дежкIэ мыр IэмалыфIщ я зэфIэкIым хагъэхъуэну, я къарур здынэсыр къащIэну», - жиIащ спорт еджапIэм и унафэщI Тау Сэфарбий.
Къызэхуэсахэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ КъБР-м спортымкIэ и министрым и къуэдзэ Анаев Аслъэн икIи къыхигъэщащ спорт мардэмрэ лъэпкъхэм къадекIуэкI хабзэмрэ быдэу зэрызэпыщIар: лIыгъэр, хахуагъэр, пэжыгъэр, пщIэ щIыныр тIуми зэрагъэнэхъапэр. Апхуэдэуи ар спортсменхэм ехъуэхъуащ Адыгэхэм я махуэмкIэ икIи къыхуриджащ спорт утыкум я зэфIэкIхэр нэсу щагъэлъэгъуэну.
ГъэщIэгъуэну икIи удэзыхьэхыу екIуэкIа зэIущIэхэм къыщыхэжаныкIахэм медалхэр, кубокхэр, щIыхь тхылъхэр иратащ.
Поделиться:
Читать также:
08.06.2026 - 19:45 →
Бахъсэндэсхэм я ехъулIэныгъэхэр
07.06.2026 - 15:32 →
Зы дакъикъэщ тригъэкIуэдар
07.06.2026 - 14:32 →
Миланэ аргуэру дегъэгуфIэ
03.06.2026 - 13:31 →
Спорт хъыбархэр
31.05.2026 - 09:00 →
Футбол цIыкIу
| ||





