Жыг къэбгъэуа - нэгъуэщI хэсэ

Мэзым и лэжьакIуэхэм я махуэу ди къэралым къыщалъытар фокIадэм и ещанэ тхьэмахуэ махуэрщ, нэгъуэщIу жытIэмэ, и 15-м къыщегъэжьауэ и 21-ри хыхьэущ (екIуэкI илъэсым тещIыхьауэ). Мы гъэм ар зыхуэзэр, зэрыгурыIуэгъуэщи, фокIадэм и 21-рщ.

Мы махуэр къыщIагупсыса щхьэусыгъуэхэм хабжэ дыкъэзыухъуреихь дунейм, щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зыуэ ижь-ижьыж лъандэрэ цIыхухэм къахуэщхьэпэ мэзыр ЩIы Хъурейм темыкIуэдыкIыжыным зи къаруи гуащIи езыхьэлIэхэм пщIэ лей зэрахуэщIыпхъэр къыхэгъэщынырщ.

«Мэзым и лэжьакIуэхэр» щыжаIэкIэ зи гугъу ящIыр мэзхъумэхэм я закъуэкъым, атIэ жыгхэм я щытыкIэр къызыфIэIуэхуу абыхэм якIэлъыплъ, хуей хъуми еIэзэ экологхэри, ботаникхэри, дендрологхэри, нэгъуэщI абы хуэдэхэри къызэщIрагъэубыдэ.  

Тхыдэ мыжыжьэм къызэрыхэщыжымкIэ

Совет Союзым 1977 гъэм и фокIадэм къару щигъуэтащ мэзым ехьэлIа хабзэм. Ауэ, Мэзым и махуэр гъэлъэпIэныр япэ дыдэу къыщыхалъхьауэ щытар Мэкъумэш IэнатIэхэм я европей зэгухьэныгъэм I97I гъэм иригъэкIуэкIа зэхуэсышхуэрт.

Урысейм 2007 гъэм къыщащта Мэз кодексыщIэм жыг гуэрэнхэр лIэужьыгъуищу игуэшащ. Япэ гупым хохьэ ущIэтыну хуабжьу къекIу жыг дахэхэр зыхэтхэр, етIуанэм хеубыдэ пхъэ къызыхаххэр. ХасагъащIэу зыхуэсакъхэр – ещанэщ. Ди къэралым и щIыналъэм хуозэ пхъэ къызыхах мэзхэу дуней псом щыIэм я процент 25-р. Ар къулеигъэшхуэщ, къэгъэсэбэпын зэрыхуейри егупсысауэщ. ЩIыдгъужынщ ди Хэку Иным и мэзхэм я нэхъыбэр псей жыг лъэпкъыфIхэм зэраIыгъри.

Лъэхъэнэ блэкIахэми мэзхэм пщIэшхуэ яIащ. Ди япэ итахэми къагурыIуэрт ахэр щысхьыншэу ибупщIыкIыным къишэнкIэ хъуну шынагъуэр зыхуэдизыр. Ауэ щыхъукIи, зи гугъу тщIы махуэм и къыхуеджэныгъэ нэхъыщхьэу къэувыр «жыг къэбгъэуа - абы и пIэ нэгъуэщI хэсэ» жыхуиIэрщ.

Бжыгъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ

Ди планетэм и щхьэфэм щыщу Iыхьэ щанэм нэблагъэр, нэгъуэщIу жытIэмэ, километр зэбгъузэнатIэ мелуан 38-м нызэрыхьэсыр, мэзхэм щIагъэнащ. Абыхэм ящыщу яныкъуэр тропик хуабапIэхэм къыщыкI жыгхэрщ, и Iыхьэ плIанэр ЩIы Хъурейм ищхъэрэкIэ гъэза и щIылъэныкъуэрщ здэщыIэр.

УФ-м, зэрыщыту къэтщтэнщи, и щIыналъэм щыщу процент 46,4-р мэзхэм щIагъэнащ, е нэгъуэщIу жытIэмэ, гектар мелуан 795,4-рэ (километр зэбгъузэнатIэ мелуани 8-м нэблагъэ) къызэщIэзыубыдэ. Ди къэралым зыщаубгъуащ ди планетэм мэзу тетым я процент 20-м нызэрыхьэсым. АтIэми, телъыджэр аращи, ди къэралым (гъэ къэс апхуэдиз мафIэс къызэрыщыхъуу) 2001 гъэм къыщыщIэдзауэ 2024 гъэр иухыху, мэзхэм щаубыд щIыгум гектар мелуан 8I,2-кIэ къащыхэхъуащ.  

Сыт иджыри мэзхэм къыдатыр?

Мэзым ущIэтыну зэрыфIым гу лъыфтакъэ? Уи Iэпкълъэпкъри нэхъ щыщIокI: мыбдежым узэрыбауэ жьыри куэдкIэ щынэхъ къабзэщ. «ЩIы хъурейм и тхьэмбылщ» псалъэхэр мэзхэм ауэ сытми лейуэ хужаIа?! Жыг гуэрэнхэм я къалэн нэхъыщхьэри аращ - хьэуам хэт сабэр, фIейр, узыншагъэм зэран хуэхъу пкъыгъуэхэр зыщIэшэнырщ, гъэсеинырщ, абыхэм я пIэкIэ лъышэ (кислород) къабзэр «къэлэжьынырщ».

Ауэ, итIани къыхэдгъэщынщи, дызытес планетэм гъащIэ зэгъ щыгъэIэным хуэгъэзауэ, зи гугъу тщIа IуэхугъуэфIым и закъуэкъым мэзым хузэфIэкIыр. ЦIыхум и узыншагъэм нэхъ къызэрытемыхьэлъэну, жыг гуэрэн Iувхэм дунейм и щытыкIэми зрагъэхъуэж. Псалъэм папщIэ, ищхьэкIи зэрыщыжытIащи, щхъуантIагъэм зэщIигъэна мэзым гъунэгъу зыхуэзыщI дэтхэнэми гу лъитэнущ, зыщимыгъэнщIыжыфыным хуэдизу абдежым зэрыщыбэуэгъуафIэми, махуэм и хуабэгъуэм щIыIэтыIэ гуакIуэкIэ къызэрегуэпылIэми. Къыкъуэуа жьышхуэми и къарум кIэрегъэху, уафэм къриупцIэх уэсри щIым къэмысу зэтреIыгъэ.

НобэкIэ дызыхущымыщIэ пхъэмрэ абы къыхащIыкI хьэпшыпхэмрэ дэнэт къыздитхыжынур, жыгыншэ дыдэу дыкъызэтенатэмэ? Мэзыр езым къыщыкI ерыскъыхэкIхэмрэ узыншагъэм сэбэп хуэхъу удзхэмкIэ сытым дежи къыдэтэну хьэзырщ. «Пащтыхьым хуэбгъэдэну къулейщ» трыжаIыхьу щытащ а къэщIыгъэ телъыджэм. Пхъэм тхылъымпIэ къыхэпщIыкI зэрыхъум и фIыгъэкIэ, ди унагъуэхэм тхылъхэр илъщ, щыгъын тхуэзыдхэм къагъэсэбэп гипоаллерген щэкIыр къызыхахри аращ, жыгым и мэр ди унэ кIуэцIхэм щIэз зыщI унэлъащIэ дэгъуэхэр зэрыдиIэри аращ зи фIыщIэр, унэ псо ирищызэтедгъэувэфи щыIэщ. Жыгхэм къызыхаутIыпщыкI нэрымылъагъу къарури цIыхухэм я узыншагъэм дежкIэ сэбэпышхуэщ.

 Дэ дыпсэуфынутэкъым ахэр щымыIатэмэ. ЖыпIэнуи ирикъунщ, зы жыг мыин дыдэм сыхьэт 24-м къриубыдэу цIыхуищыр зэрыбауэ лъышэр къызэрилэжьыфыр. Къызэрыхэдгъэщащи, мэзхэм сабэри зыщIашэ. Псалъэм папщIэ, зы гектарым ит уэздыгъейхэм сабэу тонн 40-м нэблагъэ зэщIаубыдэ. КъинэмыщIауэ, мэзым зыщIеф гъатхэм уэсыр щыткIужкIэ куэдыщэ къэхъу псыIагъэр. Арыншамэ псыхэр къиунут, узижагъуэн хуэдизу. Мыдрейуи, гъэмахуэр къихьамэ, мэзым псы ежэххэм яретыж езым къебэкIыу зэхуихьэса псыIагъэр - аращ ахэр зымыгъэжэщIыр. Мэз зыIумыт псыхэр псынщIэ дыдэу мэгъуж.

Мэзхэр я хэщIапIэщ къуалэ, хьэкIэкхъуэкIэ куэдым, уеблэмэ хьэпщхупщхэми, хьэпIацIэхэми, е нэгъуэщIу жытIэмэ, щIы щхьэфэм щызекIуэ псэущхьэхэм я процент 80-м щIигъум!

Ди республикэм илъэс зыбжанэ хъуауэ лэжьыгъэшхуэ щрагъэкIуэкI мэзхэм «еIэзэным», къуажэхэмрэ къалэ округхэмрэ жыгыщIэхэр щыгъэтIысыным, щыпсэухэр щхъуантIагъэм хуэсакъын зэрыхуейм къыхуеджэным хуэунэтIауэ.

Мэзхэм фащысхь, къарууэ фиIэм фемыблэжу, фхузэфIэкIыр фщIэ, псэ зыIутхэм хуагъадэу дыкъэзыхъумэ къэщIыгъэ телъыджащэу мэIуху щхъуантIэр щIыуэ дызытетым темыкIуэдыкIыжыпэн щхьэкIэ. Апхуэдэ мыгъуагъэ къэхъу хъужыкъуэмэ, абы иужькIэ ЩIы Хъурейм гъащIэ щыIэжыну фIэщщIыгъуейщ.                     

ЩIДАА-м и щIэныгъэ секретарь нэхъыщхьэ, биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, КъБР-м и Парламентым и депутат Щхьэгъэпсо Сэфарбий и усэ дэхащэу «Къэбэрдей мэзыжь» зыфIищари, дэ къызэрытлъытэмкIэ, зытеухуари аращ:

Сепсэлъэнт, слъэкIамэ, Къэбэрдей мэзыжьым,

ЖезгъэIэнт гугъуехьу и нэгу ныщIэкIар.

Джыди, мафIи, узи пэмылъэщу,

ГъащIэ гугъу зэрырихьэкIар.

ЖезгъэIэнт псэущхьэ зэмылIэужьыгъуэу

Нобэр къыздэсам къыщIэнэжар.

ЖезгъэIэнт къызыхэкIа щхьэусыгъуэр,

Домбейр, бланэр, бжьори щIэкIуэдар.

СеупщIынт, слъэкIамэ, бжей мэзыжьым,

Зэман кIуам леишхуэ зылъысам:

Дауэ ухъурэ? КъыпщIэхъуа щIэблэщIэ?

Жыг абрагъуэ дапщэ къыпхуэна?

Сытехьэнти и гъуэгу нэшэкъашэм,

СыщIэтынт нэщхъейуэ щыт бжей мэзым,

Къэсплъыхьынт сешыхукIэ сэ мэз щIагъыр,

СедэIуэнт жыг щхьэкIэм я Iущащэм.

КъаIуэта иужь гукъеуэ щэхур,

Iэ дэслъэнт жыгыпкъым и къудамэм.

СеIущащэу яжесIэнт абыхэм:

Адэжь хэкум фэрщ мылъку лъапIэу иIэр!

Тхыгъэри сурэтри АНЗОРЫКЪУЭ Iумахуэ ейщ.
Поделиться:

Читать также: