Нэхумрэ кIыфIымрэ щызэхуэдэ жэщ махуэ

ЩIыуэпсым и зыхъуэжыкIэм кIэлъыплъ еджагъэшхуэхэми цIыху къызэрыгуэкIхэми гу зэрылъатауэ, фокIадэм и 22-р (языныкъуэ илъэсхэм-и 23-р), бжьыхьэхуэкIуэу, Дыгъэм и нэхури жэщым и кIыфIри зэхуэдэ щыхъу махуэщ. 2025 гъэм ар зыхуэзэр фокIадэм и 22 пщыхьэщхьэм сыхьэтыр 21-рэ дакъикъэ 20-рщ (Москва и зэманымкIэ).  

Фигу къэдгъэкIыжынщи, мы гъэм, адрей илъэсхэми хуэдэу, абы ещхь и япэ зэблэхъугъуэр зытехуар гъатхэпэм и 21-рщ (языныкъуэ илъэсхэм - и 22-м тохуэ). Гъатхэм къэхъу апхуэдэ Iуэхугъуэм, зэрытщIэщи, «гъэрэ щIырэ щызэхэкI махуэкIэ» йоджэ.

Бжьыхьэ зэблэкIыгъуэр нэгъуэщI теплъэ иIэущ къызэрыкIуэр. Дгъэбелджылымэ (щIыуэпсыр зыджхэми зэрызэхагъэкIауэ), хуабэр зэщIэкIуэжу, щIыIэр нэхъри къыщыкIуатэ лъэхъэнэ кIыхьым и щIэдзэгъуэщ.

Зи гугъу тщIа IуэхугъуитIым дежи, цIыху набдзэгубдзаплъэхэм гу зэрылъатауэ, щIыуэпсым и щытыкIэм, хуабэмрэ щIыIэмрэ я зэблэхъукIэр щызэтемыхуэми, зыхэпщIэу зехъуэж. Гъатхэпэм и 21 махуэм кIэлъыкIуэу дунейм и щытыкIэр нэхъ хуабэ хъууэрэ екIуэкIми, фокIадэм и 22-м иужькIэ, жэщхэр нэхъ кIыхь, махуэхэр нэхъ кIэщI хъу хабзэщ. Ди планетэм ищхъэрэкIэ щыIэ и  щIылъэныкъуэм бжьыхьэр ипэжыпIэкIи къыщихьэу къэтлъытэ хъунури а махуэм (фокIадэм и 22-м) иужькIэщ.

ЩIэныгъэр зэреплъыр

Физикэ, астрономие щIэныгъэхэр мы зи гугъу тщIы зэблэкIыгъуитIым зэреплъыр зэдгъэщIэну дыхуеймэ, дигу къэдгъэкIыжыпхъэщ ди планетэр зэкIэрэхъуэкIыж и джэлэсыр Дыгъэм и хъуреягъкIэ къызэрыщилъэтыхь и уэрдыхъум хуэлъэныкъуабэу зэрыхущытыр. Ар дыдэращ щхьэусыгъуэ хуэхъури гъэмахуи щIымахуи ди планетэм зэрыщыIэм. Сыту жытIэмэ, Дыгъэм здекIэрэхъуэкIым ЩIым къытепсэ бзийхэм я зыдзыкIэ-зыгъэзэкIэм, гъэм и зэманым елъытауэ, зэми нэхъ лъахъшэ защI, мыдрейхэм дежи нэхъ лъагэ щохъу. 

ЩIы Хъурейм ищхъэрэкIэ щыIэ и щIылъэныкъуэм тес цIыхухэм, зи гугъу тщIы махуэри хиубыдэу, гъэм и щIыIэгъуэм нэхъри нэхъ зыхуагъэхьэзыру щIадзэ: къэзыухъуреихь Iэгъуэблагъэм гулъытэ хэха щыхуащI, пщIантIэхэмрэ уэрамхэмрэ ягъэкъабзэ, жыгыщIэхэр щIымахуэкIуэу ягъэIэпхъуэ, щIыгулъым удзыжьхэр трагъэкъэбзыкI, бжьыхьэсэм зыхуагъэхьэзыр, Iэхэлъахэм и щытыкIэр зэрырагъэфIакIуэ Iуэхугъуэу къэралми жылагъуэми къаублэхэр даIыгъ.

Бжьыхьэ пэхуэщIэхэр къезыхьэжьэхэм къалэн нэхъыщхьэу зыхуагъэувыжыр дыкъэзыухъуреихь дунейр щIымахуэм хуэгъэхьэзырыныр ди зэхуэдэ пщэрылъу зэрыщытыр дэтхэнэми, псом хуэмыдэжу къытщIэхъуэ щIэблэм, зыхегъэщIэнырщ икIи абы теухуа лэжьыгъэхэр егъэкIуэкIынырщ.  

 Языныкъуэхэм къытфIощI дыкъэзыухъуреихь дунейр зы цIыху къарукIэ теплъэгъуафIи нэхъ дахи тхуэмыщIыну. Ауэ ар щыуагъэщ - щIыуэпсыр хъумэным ехьэлIа Iуэхугъуэхэр езым и деж дэтхэнэ зыми  къыщыщIидзэжыпхъэщ. Ар шэч къызытумыхьэнщ.

Махуэм и нэщэнэхэр

- Пщэдджыжьым дыгъэр къыкъуэкIамэ, и бзий дыхьэрэнхэмкIэ къыдэгуэпылIамэ, ар нэщэнэфIщ дызытехьа бжьыхьэр хуабэу къызэрытхущIэкIынумкIи щIымахуэр гувауэ къызэрихьэнумкIи.

- Лъапсэ зиIэхэм я хадэм е я пщIантIэм деж мафIэшхуэ щызэщIащIэрт, зэрамыхьэж е жьы хъуа хьэпшыпхэр храгъэгъэсхьэн папщIэ. Апхуэдэ щIыкIэкIи жьыр ирагъэжьэжу, щIэм гъуэгу ирату ябжырт. МафIэ бзийм щеплъкIэ, пщIащэ къыпыщэщыжахэр е щхъуэкIэплъыкIагъэ зыхидзахэр хадзэурэ, къэкIуэну дахэ зэраIэнум я гупсысэр траухуэрт. Тхьэмпэхэр псынщIэу хисхьамэ, зыгъэгузавэ Iуэхухэр хэзыдзам щIэх щхьэщыкIыну ябжырт.

- Махуэм и кIыхьагъкIэ цIыхухэр нэхъыбэрэ жьы къабзэм хэтт, гугъэзэгъэгъуэ зэрызрагъэгъуэтыным хущIэкъуу. ЩIэх-щIэхыурэ затхьэщIырт, хуей хъуми загъэпскIырт, псым щIэлъ къарур нэхъ къапкъырыхьэу, и сэбэп нэхъ къекIыу къалъытэрти.

- ЦIыху къэс гъэм и кIыхьагъкIэ нэхъ къехъулIауэ къилъытэхэр зэпибжыжырт, языныкъуэхэми тхылъымпIэм тратхэрт.

- Унагъуэм исхэм а махуэм хьэщIэ къахуэкIуамэ, абы нэхъыбэжу щыгуфIыкIырт.

- Лей къатезыгъэхьауэ, я жагъуэ къэзыщIауэ къалъытэхэм хуагъэгъурт, мыхъужыххэнуми, зэрызыщагъуэпщэнум яужь итт.

- Я узыншагъэм нэхъ кIэлъыплъын зэрыхуейр ягу къагъэкIыжырт. Сыту жыпIэмэ, дыгъэм и бзийхэр нэхъ мащIэрэ къазэрытепсэм, абы къыхэкIыуи хуабэр кIуэ пэтми нэхъ мащIэ зэрыхъум цIыхум и къарур, гъэмахуэм зэрыщытам хуэмыдэу, къызэремыблыжынур ящIэрти.

- Жэщымрэ махуэмрэ я кIыхьагъыр щызэхуэкIуэ пIалъэм ирихьэлIэу цIыхур псэ къабзэ - гу къабзэкIэ нэхъ зыхущIэкъум, зыщIэхъуэпсым егупсысырт, абы иужькIэ ар нэхъ къехъулIэну ибжырти…

Фигу къэдгъэкIыжынщи, дызытепсэлъыхьам къыкIэлъыкIуэ фокIадэм и 23-р адыгэхэм ди Тхьэшхуэгухьэж махуэщ. Ауэ ар нэгъуэщI хъыбарщ…

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

 

Поделиться:

Читать также:

28.11.2026 - 07:13 → НОБЭ
27.11.2026 - 12:22 → НОБЭ
26.11.2026 - 09:30 → НОБЭ
25.11.2026 - 13:40 → НОБЭ
24.11.2026 - 09:00 → НОБЭ