ГъащIэ щыIэнымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэщ«Тенджызхэм (хы цIыкIухэм) я дунейпсо махуэ» зыфIащар фокIадэм и иужьрей махуэкурщ щагъэлъапIэр. Ар Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм (ООН) и Ассамблее Нэхъыщхьэм 1978 гъэм къыщалъытахэм ящыщ зыщ.
Зи гугъу тщIы унафэм къэралхэр къыхуреджэ тенджызхэм япсхэр мыуфIеиным, кхъуафэхэр шынагъуэншэу щызегъэкIуэным хуэгъэзауэ щылэжьыпхъэхэмкIэ зэгурыIуэныгъэхэр зэращIылIэну, хуей хъумэ, зым адрейм зыщIигъэкъуэну.
ИкIи, 1978 гъэм къыщыщIэдзауэ, а махуэм гулъытэ хэха щыхуащI ди планетэм и щIыпIэ куэдым. А щIыкIэм тету Iэмал къыкъуэкIащ тенджызхэм яхуэсакъын, ахэр хъумэн зэрыхуейм цIыхухэр, къытрагъэзэжурэ, егъэгупсысынымкIэ.
ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, щIыуэпсыр зэпIэзэрыт щытыкIэм игъэтынымкIэ тенджызхэм (хы цIыкIухэм) ягъэзащIэ мыхьэнэр ин дыдэщ. Абыхэм япсхэм куэду зыщIашэ хьэуам хэзэрыхьа фIейр (гъуэзыр, заводхэм хаутIыпщхьэ Iугъуэр, нэгъуэщIхэри). ЦIыху мелуанхэм я псэукIэр зыхуэдэр, къанэ щIагъуэ щымыIэу, хы цIыкIухэм къыхахым (бдзэжьейхэм, къэкIыгъэхэм, псырыкIуэ шэрыпIхэм) елъытащ. НэгъуэщIу жытIэмэ, ЩIы Хъурейм гъащIэ щыщыIэнымкIэ къалэн нэхъ ин дыдэ зыгъэзащIэхэм ящыщщ ахэр. Къэралхэр, щIыналъэхэр зэлъэгъэIэсынымкIи тенджызхэм ягъэзащIэ къалэныр къыпхуэмылъытэн хуэдизщ.
АрщхьэкIэ, цIыхухэм хышхуэхэми хы цIыкIухэми я щхьэфэм щрагъэкIуэкI IуэхущIафэхэм нэхъри зэрызыщрагъэубгъум, зэрызыщрагъэужьым я зэранкIэ, бдзэжьей лъэпкъыгъуэ куэдыр, псэзэпылъхьэпIэ зэрихуар ядэплъагъуу, бзэхыжыпэным нэблэгъащ, я бжыгъэм кIуэ пэтми зэрыкIэрыхум, къэнахэри щытыкIэ хьэлъэ зэриувэм къыхэкIыу. КъризэщIэткъуэжу къэдгъэлъэгъуэнщи, ЩIы Хъурейм тенджызу тетым я процент 60-м нэблагъэм зэран хуэхъуакIэщ цIыхухэр. Ари къыкъуэкIащ гудзэкъагъэ зыхэлъ дэтхэнэри зэгупсысыпхъэ гуныкъуэгъуэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщ зыуэ.
Ди планетэм щыуфафэ тенджызхэм я зэхэлъыкIэми зыхъуэжыкIэми щIэныгъэлIхэри ар зи пщэ къыдэхуэ IэщIагъэлIхэри набдзэгубдзаплъэу кIэлъоплъ. ГъэщIэгъуэныр аращи, еджагъэшхуэхэм ноби тенджызхэм къыщахутэ икIи къыщагъуэт иджыри къыздэсым дызыщымыгъуазэу къекIуэкIа къэкIыгъэ лIэужьыгъуэхэмрэ псэущхьэхэмрэ. А псом дэщIыдгъужу, шэч къызытедмыхьэжыр аращи, ЩIы Хъурейм и щхьэфэм и плIанищыр (хышхуэхэри яхэту) зыIыгъ псы хъумапIэ гъуэзэджэхэр, дахэкIейхэр яхуэтхъумапхъэщ дяпэкIи щыIэну щIэблэхэми.
Поделиться:
Читать также:
18.09.2026 - 12:56 →
ГъащIэ щызыгъэIэ
18.05.2026 - 14:00 →
Iуэху цIыкIуфэкIукъым
27.03.2026 - 14:47 →
Жыг къэбгъэуа - абы и пIэ нэгъуэщI хэсэ
26.03.2026 - 15:54 →
ТкIуаткIуэ телъыджэу псэхэлъхьэж
16.03.2026 - 15:02 →
Псыежэххэр
| ||




