Шахматым дихьэххэр

Налшык къалэм щыIэ «Каисса» шахмат клубым щекIуэкIащ шахматым дихьэххэм я блиц-зэхьэзэхуэ. Ар къызэрагъэпэщат Адыгэхэм я махуэм и щIыхькIэ. Зэхьэзэхуэм хэтащ шахматист 30.
Зэпеуэм кърикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь наIуэ къызэрыхъуамкIэ, япэ увыпIэр Капов Альберт иратащ. ЕтIуанэ хъуащ ТекIуий Эмир. Ещанэ, еплIанэ увыпIэхэр къахьащ Дыкъынэ Алимрэ Блэныхь Артуррэ.
Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэм медалхэр, щIыхь тхылъхэр, кубокхэр иратащ. 
 
Нэхъ лъэщыр зэхагъэкI
Осетие Ищхъэрэ – Аланием и Мэздэгу къалэм щекIуэкIащ MMA-MFL-мкIэ зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я спортсмени 120-рэ, абыхэм ящыщу 8-р Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэу.
Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Мэзыхьэ Хьэсанш, Ульбашев Казбек, Куаншев Саид сымэ. ЕтIуанэ хъуахэщ Щоджэн Назир, Чеченов Данил, Азизов Муслим, ХъутIэ Елдар сымэ. 
Командэм и тренерыр Азизов Хъанларщ. 
 
АфIэунэ Самирэ и зэфIэкIыр
«Мэзкуу Кайман» фIэщыгъэр зэрихьэу Мэзкуу къалэм щекIуэкIащ киокусинкаймкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 33-м я спортсмен 500-м щIигъу. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым къыбгъэдэкIыу цIыху 14 абы щыIащ икIи илъэс 12-13 зи ныбжьхэм я деж Малышев Михаилрэ (кг 35-рэ) Ашэхъмэт Ратмиррэ (кг 40) япэ увыпIэхэр къыщахьащ.
Апхуэдэуи илъэс 16-17 зи ныбжьхэм я деж дыщэ медалхэр къыщахьащ АфIэунэ Самирэрэ (кг 60) Чабдаров Ашэмэзрэ (кг 73-рэ). Абы нэмыщI, адыгэ пщащэм саугъэт щхьэхуэ къратащ псом нэхърэ нэхъ зэIущIэ кIэщI зэрыригъэкIуэкIам папщIэ. 
Ди спортсменхэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Аппаев Акъболэт, Насыплыев ТIэхьир, Къумыкъу Ислъам сымэ. 
АЛЫДЖЫКЪУЭ Руслан.
Поделиться:

Читать также: