29 сентября, 2025 - 09:31
ФокIадэм и 29, блыщхьэ
Гум и дунейпсо махуэщ
ТхьэкIумэ, пэ, тэмакъ узыфэхэр зэуэлIахэр зыгъэхъуж дохутырым и дунейпсо махуэщ
1807 гъэм къалъхуащ адыгэ тхакIуэ, дзэ къулыкъущIэу щыта Къаз-Джэрий СулътIан.
1921 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и ЛIыхъужь Хьэбэчыр Умар.
1932 гъэм къалъхуащ кхъухьлъатэзехуэ, генерал-лейтенант, Сирием и лIыхъужь Абазэ Мамдухь.
1960 гъэм къалъхуащ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актёр, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Быдэ Хьэсэн.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градуси 10 - 13, жэщым градуси 9 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Егъэлей делагъэщ.
Зыгъэхьэзырар БАГЪЭТЫР Луизэщ.