Медалу 8
КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, Астрахань къалэм карате-киокусинкаймкIэ и зэхьэзэхуэ зэIухам хэтащ Урысей Ипщэм и спортсмен, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэгъусэу, 200-м нэблагъэ.
УФ-м кёкусин-кан карате-домкIэ и федерацэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и спортсмени 10-м я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуащ зэхьэзэхуэм икIи псори зэхэту медалу 8 абы къыщахьащ.
Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр щаубыдащ Жьыджатэ Алан, Саутич Ярослав, Хьэнэ Идар сымэ. Дыжьын медалхэр къахьащ Джэрыджэ Эланэрэ Матаровэ Изабеллэрэ. Ещанэ хъуахащ Къардэн Сэлим, Пантелеевэ Лие, ТхьэкIумашэ Андемыр сымэ.
Ди спортсменхэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Къармокъуэ Амурбэчрэ Маршэнкъул Къантемыррэ.
Я зэфIэкIхэр ягъэлъагъуэ
Анапэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ зэзауэ зыхэт спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ ныбжьыщIэхэм я 17-нэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 71-м я спортсмен мини 5-м щIигъу. Зэхьэзэхуэхэр екIуэкIащ спорт лIэужьыгъуэу 21-кIэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэм ящыщу я ныбжьхэмрэ хьэлъагъхэмрэ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Дол Къантемыр, Къардэн Хьэсэн, Уянаев Умар, Жамгуразов Амир, Мендекеев Имран, Эльбаев Алихъан сымэ.
Домбеякъ медалхэр командэм къыхуахьащ Бэлэтокъуэ Жэмболэт, Бауэ Аскэр, Шыд Ахьмэд, Уэтэр Алан, Хапаев Эмиль, Эндреев Ислъам сымэ.
Спортсменхэр зыгъасэр Жантудуев Азэмэтрэ Щоджэн Русланрэщ.
Гъуэтыж Алан псоми ятокIуэ
Урысейм и Кубокыр универсальнэ зэзауэ спорт лIэужьыгъуэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Сочэ къалэм щекIуэкIащ мы махуэхэм. Абы щызэпеуащ УФ-м и щIыналъэхэм ящыщу 28-м я спортсмен, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 500-м щIигъу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэу цIыхуибгъу зэхьэзэхуэм щыIащ икIи абыхэм ящыщу Гъуэтыж Алан дыщэ медаль къихьащ и хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупым я деж. ЕтIуанэ хъуащ Къуэныкъуей Алим. Къэмгъуэт Муртаз, Лу Арсен, Къэсбот Мартин, ДыщэкI Мурат сымэ домбеякъ медалхэр къахьащ.
Зэхьэзэхуэм щытекIуахэм Iэмал ягъуэтащ УФ-м и командэ къыхэхам хэту дунейпсо чемпионатым я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуэну.
Ди командэм и тренерхэр Бейтыгъуэн Руслан, Щомахуэ Казбек, ШэрыIужь Тимур, Дзэгъал Аслъэнбий сымэщ.
Панкратионым зеужь
Нартсанэ къалэм Романенкэ Георгий и цIэр зезыхьэ и стадионым щекIуэкIащ панкратионымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы щызэпуащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 14-м я спортсмен, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 546-рэ.
Удэзыхьэхыу икIи гуащIэу екIуэкIа зэIущIэхэм къарикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь наIуэ къызэрыхъуамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм гупхэм я зэхьэзэхуэм ещанэ увыпIэр къыщихьащ.
Щхьэзакъуэ зэпеуэхэм япэ увыпIэхэр щаубыдащ Колечкинэ Кирэ (кг 34-рэ), Хьэлышх Идар (кг 85-рэ), Баший Елдар (кг 47-рэ), ТеуныкI Мурат (кг 46-рэ), Лу Тимур (кг 85-рэ), Махуэ Азрэт (кг 34-рэ), Алмэ Темырлан (кг 35-рэ), Ету Умар (кг 42-рэ), Тувэж Аслъэн (кг 55-рэ), Гелоев Эмирхъан (кг 46-рэ) сымэ.
МацIыхъу Ислъам (кг 30), Чэрим Iэдэм (кг 42-рэ), Алижан Салим (кг 47-рэ), Хьэщыкъуей ТIалэмир (кг 59-рэ) сымэ етIуанэ хъуахащ.
Домбеякъ медалхэр къахьащ Вагабов Саид (кг 38-рэ), Мэкъуауэ Елдар (кг 38-рэ), Апажэ Ислъам (кг 46-рэ), ГъукIэ Амырхъан (кг 34-рэ), Булгаров Хьэсэн (кг 42-рэ), Шэрий Темырлан (кг 42-рэ), Тхьэмокъуэ Темырлан (кг 60), Мэшокъуэ Сэлим (кг 53-рэ) сымэ.
Командэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Щоджэн Артур, Джырандокъуэ Амир, Мэш Алим, Джатэ Асхьэд, Чэлимэт Амир, БищIо Мухьэмэд, Лабазанов Сидиртин сымэ.