НОБЭЖэпуэгъуэм и 10, мэрем ♦Психикэ узыншагъэр хъумэным и дунейпсо махуэщ. ♦ЦIыхум и судыр укIкIэ ящIэу мыдэным и европэпсо махуэщ ♦1910 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Щомахуэ Амырхъан. ♦1925 гъэм къалъхуащ франджы балеринэ цIэрыIуэ, адыгэ лъэпкъым къыхэкIа Черинэ (Щамырзэ) Людмилэ. ♦1928 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Iулыдж Iустырхъан. ♦1930 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ КIуантIэ Iэзид. ♦1935 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, «Iуащхьэмахуэ» журналым и редактор нэхъыщхьэу лэжьа Елгъэр Кашиф. ♦1939 гъэм къалъхуащ философие щIэныгъэхэмкIэ доктор, техникэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Тхьэгъэпсо Хьэжысмел. ♦1940 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ артист Куэт Къанщобий. ♦1941 гъэм къалъхуащ Къэрэшей-Шэрджэсым и цIыхубэ тхакIуэ, КъБР-ми КъШР-ми щIыхь зиIэ я журналист, «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэу илъэс куэдкIэ лэжьа Дэбагъуэ Мухьэмэд. ♦1942 гъэм къалъхуащ уэрдус, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Щомахуэ Хьэсэнбий. ♦1942 гъэм къалъхуащ КъШР-м щIыхь зиIэ и журналист Шорэ Ахьмэд. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 17 - 19, жэщым градус 12 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Дзыгъуэ пэтрэ и гъуэ щылIыхъужьщ.
Поделиться:
Читать также:
10.04.2026 - 17:57 →
Кхъэр ягъэкъабзэ
10.04.2026 - 11:28 →
НОБЭ
09.04.2026 - 07:30 →
НОБЭ
08.04.2026 - 11:04 →
НОБЭ
07.04.2026 - 09:55 →
НОБЭ
| ||





