КъБР-м и япэ Президентым и фэеплъуЖэпуэгъуэм 10-12-хэм Бахъсэн къалэм щыIэ «Джэдыкъуэ Плъыжь» шы комплексым щекIуэкIынущ шыкIэ гъуэгуанэ кIыхьхэр зэпычыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ Президент КIуэкIуэ Валерэ и фэеплъу, СНГ-м и чемпионат зэIухауэ ар щытынущ. Зэхьэзэхуэм хэтынущ къэрал 30-м щIигъум я шууейуэ 200-м нэхъыбэ икIи абыхэм зэдагъэджэгунущ ахъшэ саугъэту псори зэхэту сом мелуан 1,5-рэ. Мылъкур къызыбгъэдэкIынур «Отрадэ» шы спорт клубымрэ шы лъэпкъыфIхэр къыщагъэхъу Тэрч завод №169-мрэ. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр къызэгъэпэщакIуэхэм дэIэпыкъуэгъу яхуэхъунущ. Зэхьэзэхуэм хэтын мурад зиIэхэм лъэIухэр ягъэхь хъунущ 2025 гъэм жэпуэгъуэм и 7-м пщIондэ. ХЬЭЩОКЪУЭ Алыдж.
Поделиться:
Читать также:
05.07.2026 - 13:26 →
УафэхъуэпскIыу зэщIэлындащ Инал
01.07.2026 - 11:44 →
Спортсмен цIэрыIуэм и щIыхькIэ
29.06.2026 - 13:21 →
Къудей Беслъэн япэщ
28.06.2026 - 13:30 →
ЕхъулIэныгъэхэр яIэу къагъэзэж
28.06.2026 - 13:00 →
Щхьэлыкъуэ и Кубокыр къахь
| ||




