ЩIыуэпсым и къыщхьэщыжакIуэхэм я махуэ

Мэзкъуэды (мэзгъэфIэн) ди къэралым япэ дыдэу къыщызэрагъэпэщар 1916 гъэм дыгъэгъазэм и 26-рщ (щIэмкIэ - 1917 гъэм щIышылэм и 11-рщ). Япэ дунейпсо зауэм и гуащIэгъуэу, Байкал гуэлым къегъэщIылIа Баргузин шытхым (Бурятие щIыналъэ) къуэкIыпIэмкIэ щыIэ и джабэм щыхагъэунэхукIат хэхауэ яхъумэ щIыпIэ. Ар мэлажьэ нобэр къыздэсми, къыщIызэрагъэпэща и къалэныр игъэзащIэу. 
МэзгъэфIэнхэм я лэжьакIуэхэм я махуэр гъэ къэс гъэлъэпIэным хуэунэтIа жэрдэмыр Урысей Федерацэм япэу къыщыхалъхьар мэзкъуэдыхэм я унафэщIхэм я зэхуэсышхуэу 1999 гъэм Владивосток къалэм махуи 4-кIэ щекIуэкIар арат. «Мэзкъуэдыхэм Урысейм щагъэзащIэ мыхьэнэр» зыфIаща а зэIущIэр щызэхэкIыж жэпуэгъуэм и 14-м щIыпIэ «дэгухэм» якIэлъыплъхэр тепсэлъыхьат зи пашэ IэнатIэхэм я махуи къагупсысын зэрыхуейм. 
Илъэс зыбжанэ дэкIри, 2006 гъэм, абыкIэ унафэ къащтащ УФ-м ЩIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм деж щыIэ Жылагъуэ экологие советым хэтхэм. А зэIущIэм щIэсахэми ар ирырагъэхьэлIащ къэралым хэхауэ яхъумэ и щIыпIэхэр (мэзкъуэдыхэмрэ мэзгъэфIэнхэмрэ) щызэгъэуIуа къэралпсо IуэхущIапIэ къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 90 щрикъу махуэм, жэпуэгъуэм и 14-м. 
2025 гъэм жэпуэгъуэм и 10-м хуэзэу къызэрабжамкIэ, УФ-м щIыуэпсым хэхауэ яхъумэ и щIыпIэу мин 13-м нэблагъэ иIэщ. Абыхэм ящыщщ федеральнэ мыхьэнэ зиIэ мэзгъэфIэну 108-р, заказникыу (мэзкъуэдыуэ) 63-р, «лъэпкъ парк» зыфIащауэ 70-р. 
Къэралым щIыуэпсым хэхауэ яхъумэ и щIыпIэ псоми, федеральнэ мыхьэнэ щызиIи щIыналъэхэм я деж къыщалъыти, зэгъусэу, гектар мелуан 244,3-рэ яубыд (хы гущIыIухэри хэту), нэгъуэщIу жыпIэмэ, къэралым и щIыгум щыщу процент 13-м щIигъур.
АтIэми, нобэрей гъащIэм хэпсэукIхэм, зыхуей-зыхуэчэмхэр зрагъэхъулIэн я хьисэпкIэ, щIыуэпсым пхуэмыгъэкIуэдыжын зэраныгъэ щрахыр нэхъыбэщ, апхуэдэу къыщIэхъум езыхэр щIэмыгупсысыжрэ планетэм илъэс мелуанхэм щызэтепсыхьа щытыкIэ зэгъыр зэман кIэщI дыдэм къриубыдэу зэрызэIащIэр къагурымыIуэжу. 
Ауэ щыхъукIи, дыкъэзыухъуреихь дунейм хэхауэ яхъумэ и щIыпIэхэр зэрыхагъэбелджылыкIар IэмалыфIщ псэущхьэрэ къэкIыгъэу ЩIы Хъурейм ижькIэрэ тетахэр къызэрекIуэкIа щIыкIэу къызэтегъэнэнымкIэ. 
Мы махуэр зытраухуэжари аращ – зи гъащIэм и щIылъэныкъуэр цIыхуIэ зылъэмыIэс щIыпIэ «дэгухэм» щызыхьу, щIым и зэхэлъыкIэмрэ ар зи хэщIапIэ хьэкIэкхъуэкIэхэмрэ къызэригъэщIауэ хъумэным псэемыблэжу яужь ит IэщIагъэлIхэр гъэлъэпIэнырщ. 
Мэзкъуэдыхэмрэ мэзгъэфIэнхэмрэ щылажьэхэм а махуэм къахуэкIуэхэм экологие дерсхэр щрат, щIыуэпсыр хъумэным хуэунэтIауэ зэфIагъэкIа лэжьыгъэм яхутопсэлъыхь.
Федеральнэ мыхьэнэ зиIэ мэзгъэфIэнхэмрэ лъэпкъ паркхэмрэ щIыуэпсыр хъумэным хуэунэтIа щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр гъэ къэси щрагъэкIуэкI, къэкIыгъэхэмрэ псэущхьэхэмрэ я щыIэкIэ-псэукIэр зыхуэдэм, дыкъэзыухъуреихь дунейм и «плъыфэхэм» зэрызахъуэжым, нэгъуэщI-къинэмыщIхэми щакIэлъоплъ.
Къыхэгъэщыпхъэщ, 1998 гъэм и кIэм ирихьэлIэу, УФ-м щIыуэпсым хэхауэ яхъумэ и щIыпIэу итым я Iыхьэ щанэр ЮНЕСКО-м и биосферэ хъумалъэу зэрыщытри, дыкъэзыухъуреихь дунейм и хъугъуэфIыгъуалъэ нэхъ телъыджэ дыдэхэм зэрыхабжэри. Абыхэм ящыщу къалъытэ Кавказ биосферэ мэзкъуэдыри. Иужьрейм и щIыгущ Адыгэ Республикэмрэ Краснодар краймрэ бгыщхьэхэмкIэ щаIэ я щIы Iыхьэшхуэхэр. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, абы Iэщи щыхъуакIуэркъым, мэши щащIэркъым. 
Ди къэралым цIыхуIэ зылъэмыIэс щIыпIэ «дэгухэм» я нэхъ ин дыдэр Ищхъэрэ Жыжьэм щыIэ «Арктическэ» жыхуаIэрщ. 
УФ-м къэрал мыхьэнэ зиIэу ит мэзкъуэдыхэм псори зэхэту километр зэбгъузэнатIэу 340-рэ къызэщIаубыдэ. Я инагъ-бгъуагъкIэ зэхэлъхьэжауэ ар хуэдизщ Финляндием и щIыналъэм.
 

 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться:

Читать также:

29.10.2025 - 11:40 НОБЭ
15.10.2025 - 15:53 ФIагъым и нэщэнэ