ЩIакхъуэгъажьэхэмрэ IэфIыкIэ зыщIхэмрэ я зэгухьэныгъэм 2006 гъэм иригъэкIуэкIа зэхыхьэрщ япэ дыдэу къыщыхалъхьауэ щытар «ЩIакхъуэм и махуэ» жыхуаIэр щыIэн зэрыхуейм теухуа жэрдэмыр.
ЦIыхухэм я деж мыхьэнэшхуэ щызиIэ шхыныгъуэ гурыхьым гулъытэ хэха щыхуащI махуэр дызэрыт зэманми къыщалъытэ ЩIы Хъурейм тет къэралхэм я нэхъыбапIэм.
Жэпуэгъуэм и 16-м ар щIытрагъэхуар 1945 гъэм, а махуэ дыдэм, ООН-м деж ЕрыскъыхэкIхэмрэ мэкъумэш IэнатIэмкIэ гуп щхьэхуэ щызэхашауэ зэрыщытарщ.
Археологхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, ди планетэм щIакхъуэхэкIхэр япэ дыдэу ягъэжьэн зэрыщыщIадзэрэ илъэс мин I5-м щIигъу дэкIащ. АбыкIэ щыхьэтщ «лъэужь» зыбжанэу Курыт Азием къыщагъуэтыжар. Тхыдэтххэм зэрыжаIэмкIэ, а щIыпIэм щыпсэуахэм гуэдзыр зы мащIэ гуэркIэ ягъэщIытэрти, зэхэпща хъуа хукхъуэр мафIэкIэ зэщIагъэплъа мывэ пIащIэхэм тралъхьэрт...
ИщхьэкIи къызэрыщыхэдгъэщащи, мы шхыныгъуэр дэнэ щIыпIэкIи, унагъуэ щхьэхуэхэм я деж къыщыщIэдзауэ шхапIэ ехьэжьахэм я деж щыщIэкIыжу, зыпащI щымыIэм хуэдэу щагъэхьэзыр, щызэрахьэ, махуэм къриубыдэу зыбжанэрэ щызыIуагъахуэ, сытми дашх. АтIэми, ар Iэнэм къытехутэн ипэ, гъуэгуанэ кIыхь зэпызыч ерыскъыгъуэщ. Арагъэнущ, абы пщIэшхуэ щIыхуащIри.
ЩIакхъуэм (хьэлыгъум) и дунейпсо махуэм къэрал куэдым зи гугъу тщIы шхыныгъуэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэр къыщызэрагъэпэщ: шхын щIэщыгъуэм, IэфIым и гъэхьэзырыкIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыгъуазэ ущыхуащI зэхыхьэхэр щрагъэкIуэкI, щIакхъуэгъажьэхэм жармыкIэхэм кърахьэлIахэр щагъэлъагъуэ, щащэ...