Лобжанидзе Владимир ягу къагъэкIыжу

Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым щекIуэкIащ щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я зэхьэзэхуэ. СССР-м щIыхь зиIэ и тренер Лобжанидзе Владимир и фэеплъу щытащ ар икIи абы щызэпеуащ КъБР-м, КъШР-м, Адыгейм, Осетие Ищхъэрэ – Аланием, Ставрополь крайм я бэнакIуэ 274-рэ. 
Я хьэлъагърэ ныбжьрэ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Дол Эмран, Къарэмырзэ Кемран, Семэн Хъалид, ТIэхущ Тимур, Ульбашев Азат, Гуанэ Дамир, Щомахуэ Темыркъан, Мокаев Абдулыхь, Гершишев Тимур сымэ.
ЕтIуанэ хъуахэщ ФIыцIэхъу Темырлан, Хьэбылэ Идар, Шырыт Инал, Уэтэр Айдэмыр, Щауей Ислъам, Хаппаев Алихъан, Бабаев Алан, Мамедов Алим сымэ.
Уэзынжокъуэ Темырлан, Лакъун Саид, Замбат Азрэт, Бузд Ахьмэд, Ажэгъуей Амир, Къанкъул Ислъам, КъуийцIыкIу Мансур, Хьэмыкъуэ Азрэт, Арзуманов Темырлан, Алимжанов Амырхъан, Бэлэтокъуэ Ислъам, Урчыкъуэ Кемран, КIуэкIуэ Къантемыр, Козырев Эмирхъан, Велякин Самир, Козырев Алихъан сымэ ещанэ увыпIэхэр къахьащ. 
 
ЛIыхъужьхэм я фэеплъу
Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм я лэжьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу 2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-м хэкIуэдахэм я фэеплъу Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым мы махуэхэм щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ республикэ зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ бэнакIуи I42-рэ, я ныбжькIэ илъэс 14 - 15-хэм щIимыгъуауэ. 
Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Щад Темырлан, Жангуразов Хьэсэн, Чыл Дамир, Капов Ислъам, Балъкъыз Темырлан, Мизиев Iэдэм, ПщыхьэщIэ Темырлан, Ныбэжь Чэмал, Урыс Ратмир, Мэремыкъуэ Астемыр сымэ. 
Алыдж-урым бэнэкIэмкIэ екIуэкIа зэхьэзэхуэм цIыху 95-рэ хэтащ, я ныбжькIэ илъэс 14 - 16-хэм щIимыгъуауэ. Мыбдежым япэ увыпIэхэр къыщахьащ Дыкъынэ Руслан, Табыхъу Сэлмэн, Чочуев Имран, Жылокъуэ Iэдэм, ХьэпцIэ Самир, Хъущт Сэлим, КъуийцIыкIу Амир, Къардэн Айдэмыр, Щомахуэ Хьэчим, Теппеев Жэмал сымэ. 
 
Медалхэр къахь
«DAG GYM 2025» фIэщыгъэр зэрихьэу Мэхъэчкъалэ щекIуэкIащ гимнастикэмкIэ фестиваль. Абы хэтащ Дагъыстэным и къалащхьэм, Каспийск, Назрань, Мэзкуу, Волгоград къалэхэм я спортсмен 200-м щIигъу, Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа цIыхуихыр яхэту.
Командэхэм я зэпеуэм Батыр Денизэ, Цой Евэ, Бэч Миллисэ сымэ етIуанэ увыпIэр къыщахьащ.
ЛIэужьыгъуэ куэду зэхэт зэхьэзэхуэм ещанэ разряд зиIэхэм я деж КъарэцIыкIу Аишэ дыщэ медаль къыщихьащ. I-нэ разряд зиIэхэм я деж апхуэдэ ехъулIэныгъэ щиIащ Батыр Денизэ, Цой Евэ мыбдеж щыещанэщ.
2-нэ разряд зиIэхэм я деж Бэч Миллисэ япэ увыпIэр къыщихьащ, Къул Мелихъанэ етIуанэ хъуащ. 
Ди командэм ядэлажьэр Продуновэ – Исметовэ Еленэрэ Третьяковэ Эллэрэщ. 
                                                   ШабзэкIэ зэпоуэ
Шэшэн республикэм шабзэкIэ нэщэнэ еуэнымкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ Гудермес къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я спортсмен 50-м щIигъу. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу цIыхуибл абы щыIащ, СВО-м и ветеранхэр яхэту. НыбжьыщIэхэм я зэпеуэм Кулюшинэ Янэ япэ увыпIэр къыщихьащ икIи УФ-м спортымкIэ и мастер мардэхэр щигъэзэщIащ. ЦIыхубз балигъхэм я деж щытекIуащ Бжьахъуэ ФатIимэ. 
Шабзэ зэгуэтхэмкIэ зэпеуэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Кулюшинэ Натальерэ дзэ Iуэху хэхам и ветеран Бозиев Магомедрэ. Мыбдежым ещанэ щыхъуащ Воронов Валентин. 
Шабзэ къызэрыгуэкIымкIэ зэхьэзэхуэм етIуанэ увыпIэр къыщихьащ Хьэкъун Алим. 
Зэпеуэм къыщыхэжаныкIахэм медалхэмрэ кубокхэмрэ къадэкIуэу шэ 50-кIэ спорт фочхэмкIэ нэщанэ еуэну хуит зыщI сертификатхэр иратащ.
 
 
 
 
 
 
 
 
НАУРЫЗ Башир.
Поделиться: