НОБЭЖэпуэгъуэм и 30, махуэку Политикэ щхьэусыгъуэкIэ зэхэзехуэн зэращIам и зэранкIэ хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ Урысейм и дзэ-тенджыз флотым и махуэщ Урысейм щагъэлъапIэ инженер-механикхэм я махуэр 1711 гъэм Къэбэрдей шууейхэм Мурад-СулътIан зи пашэ шуудзэр хагъэщIат. 1927 гъэм къалъхуащ Мысырым и дзэ къулыкъущIэ, Штаб нэхъыщхьэм и унафэщIу, къэралым зыхъумэжыныгъэмкIэ и министру щыта Февзи (Хьэхъу) Мухьэмэд. 1938 гъэм къалъхуащ кхъухьлъатэзехуэ, Иорданием и ЛIыхъужь Шурдым Ихьсан. 1957 гъэм къалъхуащ сурэтыщI-живописец, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Акъсырэ Михаил. 1972 гъэм къалъхуащ коллекционер, публицист Тхьэкъуахъуэ Iэуес. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 13 – 14, жэщым градуси 5 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ: Арму и унэ лъэбышэщ. Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:
Читать также:
17.08.2026 - 12:26 →
НОБЭ
14.08.2026 - 17:00 →
Псэущхьэ екIуэлIапIэншэхэми - гулъытэ
14.08.2026 - 13:50 →
НОБЭ
13.08.2026 - 07:55 →
НОБЭ
12.08.2026 - 12:25 →
НОБЭ
| ||




