НОБЭ

ЩэкIуэгъуэм и 1,  щэбэт

Урысей Федерацэм и Суд Приставхэм я махуэщ

Урысейм менеджерым и махуэр щагъэлъапIэ

1922 гъэм Налшык парт школ къыщызэIуахащ.

1936 гъэм Налшык Урыс къэрал драмэ театр къыщызэIуахащ.

1917 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, Ленин саугъэтым, СССР-м, РСФСР-м я Къэрал саугъэтхэм я лауреат Кулиев Къайсын.

1938 гъэм къалъхуащ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, щIэныгъэлI, УФ-м щIыхь зиIэ и экономист ГуэбэщIыкI Жантемыр.

1947 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Шыгъушэ Хьэсэн.

1966 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъШР-м щIыхь зиIэ и экономист Уэз Аслъэн.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэфIу щыщытынущ.  Хуабэр махуэм   градус 15 - 16, жэщым градуси 9 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

ЖьакIэр тхъуам, фIыцIэ хъужыркъым.

 

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.

 

 

Поделиться:

Читать также:

06.10.2026 - 07:40 → НОБЭ
05.10.2026 - 12:40 → НОБЭ
02.10.2026 - 14:08 → Нобэ
01.10.2026 - 09:00 → Нобэ
30.09.2026 - 16:46 → Нобэ