Спорт зэхьэзэхуэхэрМедалитху къахь Грэпплингымрэ грэпплинг-гимкIэ Урысейм и Кубокыр къэхьыным хуэунэтIауэ Мэзкуу областым и Наро-Фоминск къалэм и «Нара» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIа зэхьэзэхуэм медалитху къыщахьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм. И хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупым етIуанэ увыпIэр щиубыдащ Мэкъуауэ Ахъмэт. ЕтIуанэ хъуахэщ Балэ Хьэсэнбийрэ Къэрэшей Къантемыррэ. Абыхэм нэмыщI, лIэужьыгъуитIми щыбэна Пэфыф Темырлан хузэфIэкIащ медалитI абыхэм къыщихьын: зы дыжьынрэ домбеякърэ. ЩIалэхэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Шыхъуэстэн Руслан, Мэш Алим, Хьэщыкъуей Артур сымэ. Иджы екIуэкIа зэпеуэхэм хэтащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 37-м я спортсмен 300-м щIигъу.
ТIуми щырыщ Аруан районым иджыблагъэ щекIуэкIащ авиамодельнэ спортымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ, хэгъэрейхэм нэмыщI, Къэзан, Смоленск, Таганрог, Новгород Ищхъэрэ, Ставрополь къалэхэм я спортсменхэр икIи ахэр зэпеуащ «F-3-J», «F-5-J» и «F-3-K» классхэр зиIэ IэрыщI кхъухьлъатэхэмкIэ. ГъэщIэгъуэну икIи удэзыхьэхыу екIуэкIа зэпеуэхэм къарикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь наIуэ къызэрыхъуамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и авиамоделистхэм медалих къыхуагъэфэщащ: Шыгъушх Андемыркъан зыхэта гупым дыжьыну медалищ къыщихьащ, Соколов Алани - домбеякъыу щы. НАУРЫЗ Ислъам.
Поделиться:
Читать также:
15.12.2025 - 11:39 →
Хабзэ яхуэхъуну мэгугъэ
15.12.2025 - 11:27 →
КIыщ Аслъэнбэч етIуанэщ
11.12.2025 - 17:00 →
Спорт хъыбархэр
10.12.2025 - 18:20 →
Карате лIэужьыгъуэщIэмкIэ зэпоуэ
08.12.2025 - 11:00 →
Спортым зэрызиужьым и щыхьэтыфIхэр
| ||




