НОБЭ

ЩэкIуэгъуэм и 12, бэрэжьей

Пневмонием (тхьэмбыл узым) ебэныным и дунейпсо махуэщ
Урысейм и ХъумапIэ банкым и лэжьакIуэм и махуэщ
Урысейм шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ и IэщIагъэлIым и махуэщ
1472 гъэм
Урысейм и ГербыщIэр - щхьитI зыфIэт бгъэр зытетыр - къащтащ.
1936 гъэм къалъхуащ пианисткэ Iэзэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Бэрсокъуэ Еленэ.
1937 гъэм къалъхуащ Иорданием щыщ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, философием и доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик, томий хъу «Адыгэ тхыдэ щIэнгъуазэр» хьэрыпыбзэкIэ къыдэзыгъэкIа Бацэжь (Мамсыр) Мухьэмэд-Хъер.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 13 - 14, жэщым градуси 7 щыхъунущ. 

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Псы Iуфэм Iут дзэлыр мэхъуапсэ.

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

17.08.2026 - 12:26 НОБЭ
14.08.2026 - 13:50 НОБЭ
13.08.2026 - 07:55 НОБЭ
12.08.2026 - 12:25 НОБЭ