Урысейпсо зэхьэзэхуэм къыщыхожаныкI
«Зэныбжьэгъугъэм и Кубок» фIэщыгъэр зэрихьэу Тольятти къалэм и «Олимп» спорт комплексым щэкIуэгъуэм и 7 - 9-хэм щекIуэкIащ каратэмкIэ 13-нэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 52-м я спортсмен 2150-рэ, я ныбжькIэ илъэси 8-м къыщыщIэдзауэ нэхъыжьхэр.
Къэбэрдей-Балъкъэрым икIауэ зэхьэзэхуэм цIыху 29-рэ щыIащ икIи я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм медаль 16 къыщахьащ, абыхэм ящыщу 7-р дыщэу, 7-р дыжьыну, 2-р домбеякъыу.
Ди командэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Губэшы Аслъэн, КIэмпIарэ Рустам, Мэш Азэмэт, Щомахуэ Владимир сымэ.
Командэхэм я зэпеуэр Саратов областым ихьащ, Башкириер етIуанэ хъуащ, ещанэр Мэзкуу къалэрщ.
Фэеплъ зэпеуэм
Къэрэшей-Шэрджэсым и Красный Восток къуажэм къыщалъхуа, ФСБ-м и генерал-майор Какупшев Индранил и фэеплъу боксымкIэ а щIыналъэм щрагъэкIуэкIа зэхьэзэхуэ зэIухам КъБР-м и Бахъсэн къалэм и спортсмен ныбжьыщIэхэм хъарзынэу зыкъыщагъэлъэгъуащ икIи медаль зэхуэмыдэу 27-рэ къыщахьащ.
Зыхэта гупхэм япэ щыхъуащ Къунашхэ Абузар, Умар, Астемыр, Бещтохэ Ислъамрэ Муслимрэ, Мэмей Сулеймэн, КхъуэIуфэ Амир, Бахъсэн Ибрэхьим, ЩхьэщэмыщI Азнаур, Абазэ Жамболэт, КхъуэIуфэ Андемыркъан, Хьэжьрокъуэ Амир, Къэбардэ Iэдэм, Даниеров Файзали, Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, Нэгъуей Инал, Джатэжь Iэдэм, Мэшыкъуэ Аслъэн, Уэтэр Азрэт, ХьэпащIэ Мухьэмэд сымэ.
Джатэжь Елдар, Мэмей Мухьэмэд, Жамырзэ Амир, ПщыукI Имран, Таучэш Ибрэхьим, Тхьэзэплъ Дамир, Дыду Абдурэхьмэн сымэ етIуанэ увыпIэхэр къахьащ.
Бахъсэндэсхэм я тренерхэр Бахъсэн Нурмухьэмэд, Джэрыджэ Ислъам, Бэрэгъун Аскэр, Батырдэгу Рэмэзан сымэщ.
Медалищэм нэблагъэ
Кавказ Ищхъэрэм джиу-джитсумкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыяпэу Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ КИФЩI-м и щIыналъэ псоми я спортсмен 500-м нэблагъэ.
МахуитIкIэ екIуэкIа зэпеуэхэм къарикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь япэ увыпIэр КъБР-м и командэм иратащ. Ди щIалэхэм абы къыщахьащ дыщэ медалу 25-рэ, дыжьыну 32-рэ, домбеякъыу 41-рэ - псори зэхэту 98-рэ.
Зэхьэзэхуэм япэ увыпIищыр щызыубыдахэр хэтынущ УФ-м джиу-джитсумкIэ и чемпионатымрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэпеуэмрэ.
ЗэкIэ етIуанэщ
Волгоград къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Сабий-ныбжьыщIэ футбол лигэм и Кубокым и кIэух зэхьэзэхуэр. Абы щызэрихьэлIащ Ростов, Саратов, Волоград областхэм, Башкирием, Къэбэрдей-Балъкъэрым я топджэгу командэхэр.
Удэзыхьэхыу икIи гъэщIэгъуэну екIуэкIа зэIущIэхэм етIуанэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм и нэIэ щIэту лажьэ, Iэпщэ Александр и цIэр зэрихьэу Налшык къалэм дэт футболымкIэ спорт еджапIэм и гъэсэнхэм.
Апхуэдэуи зэхьэзэхуэм щагъэлъэпIащ топджэгу нэхъыфIу къалъыта ныбжьыщIэхэр. ЖыпIэнурамэ, гъуащхьэхъумэ нэхъыфIу къыхахащ Тамбий Наурбэч, гъуащхьауэхэм я деж нэхъ Iэзэу къыщыхагъэщхьэхукIащ Къуныжь Алихъан.
Ди командэм и тренерыр Къуныжь Артурщ.