Антикоррупционная линия Главы КБР:
40-89-70, 40-34-32
ФIыщIэ щIыным и дунейпсо махуэщ Урысейм и мэзгъэфIэнхэмрэ (заповедникхэмрэ) лъэпкъ паркхэмрэ я махуэщ. 1917 гъэм Урысейм къыщызэрагъэпэщащ япэ мэзгъэфIэныр - Баргузин щIыпIэм (Бурятие) псэущхьэхэр хъумэным хуэщIа къэрал IуэхущIапIэм лэжьэн щыщIидзащ. Албание Республикэм и махуэщ 1569 гъэм дунейпсо тхыдэм щыяпэу Инджылызым лотерей щагъэджэгуащ. 1693 гъэм Сицилие хытIыгум (Италие) Этна вулканыр къыщиури, щIыр щыхъеящ. Абы цIыху мин 60-м щIигъу хэкIуэдащ. 1909 гъэм цIыхубзхэр япэу автомобилкIэ къызэдэжащ - Нью-Йорк къыщыщIэдзауэ Филадельфием нэс гъуэгуанэр зэпачащ. 1935 гъэм КъуэкIыпIэ Жыжьэм щыIэ тенджыз къарухэм зэреджэр хы Хуэм флот жиIэу зэрахъуэкIащ. 1943 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIагъэкIыжащ. 1943 гъэм советыдзэхэм Псыхуабэ, Железноводск, Минеральные Воды къалэхэр хуит къащIыжащ. 1957 гъэм СССР-м и къэрал Iэтащхьэхэм унафэ къащтащ «Плесецк» космодромыр ухуэным теухуауэ. 1960 гъэм СССР-м и Министрхэм я Советым Космонавтхэр щагъэхьэзыр япэ центр къызэгъэпэщыным теухуа унафэ къищтащ. 1994 гъэм лэжьэн щIидзащ Урысейм палатитIу (ФедерацэмкIэ Советрэ Къэрал Думэу) зэхэт и ПарламентыщIэм - УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым. Къэралым и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм хэтынухэр цIыхубэм щаубзыхуат 1993 гъэм дыгъэгъазэм и 12-м екIуэкIа хэхыныгъэхэм. 1995 гъэм УФ-м и Къэзыбж палатэр къызэрагъэпэщащ. Абы и япэ унафэщIу ягъэуващ Къэрмокъуэ Хьэчим. Урысей этнограф, Кавказым и тхыдэр джыным елэжьа Косвен Марк къызэралъхурэ илъэси 134-рэ ирокъу. Адыгей тхакIуэ, драматург, зэдзэкIакIуэ Цей Ибрэхьим къызэралъхурэ илъэси 129-рэ ирокъу. Пшынауэ Iэзэ, РСФСР-мрэ КъБАССР-мрэ я цIыхубэ артисткэ Къашыргъэ КIурацэ къызэралъхурэ илъэси 120-рэ ирокъу. Тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессору щыта, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Медалы Хьэчим къызэралъхурэ илъэс 94-рэ ирокъу. Совет актёр, УФ-м и цIыхубэ артист Тараторкин Георгий къызэралъхурэ илъэс 74-рэ ирокъу. Урысей актёр цIэрыIуэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Хабенский Константин и ныбжьыр илъэс 47-рэ ирокъу. Тележурналист, «Хэкум и пащхьэ щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденым и етIуанэ нагъыщэм и медалыр зрата Малахов Андрей и ныбжьыр илъэс 47-рэ ирокъу. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 4, жэщым щIыIэр градуси 2 - 1 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Къэрабгъэр къуэшкIэ лIыхъужьщ.