ЩэкIуэгъуэм и 30-р Анэм и махуэщ
Ди къэралым щагъэува хабзэфIхэм ящыщщ унагъуэр гъэбыдэныр, абы илъ гуапагъэр, лъагъуныгъэр гъэбэгъуэныр, къэрал, жылагъуэ гулъытэм и мыхьэнэр цIыхум зыхегъэщIэныр зи къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ махуэщI зыбжанэ махуэгъэпсым къызэрыщыгъэлъэгъуар. Абы къызэрыщыхьам утетмэ, мэлыжьыхьым и 25-м ягъэлъапIэ Пхъум и махуэр, жэпуэгъуэм и ещанэ тхьэмахуэ махуэм траухуащ Адэм и махуэщIыр, жэпуэгъуэм и 28-р хухахащ Адэшхуэхэмрэ анэшхуэхэмрэ, щэкIуэгъуэм и 22-м яIэт Къуэм и махуэр, щэкIуэгъуэм и иужьрей тхьэмахуэ махуэм трагъэхуащ Анэм и махуэр.
Мы махуэщIхэм яхэбдзын е зи мыхьэнэкIэ бгъэлъэхъшэн яхэмытми ярейщ, сыту жыпIэмэ псори зыгуэрым драпхъущ е дракъуэщ, Тхьэм ди натIэм къритхам елъытауэ, зэгуэр дохъу адэ-анэ, къыкIэлъыкIуэу адэшхуэ-анэшхуэ. АтIэми, пэжу жыпIэмэ, махуэщIхэм яхэткъым Анэм и махуэм хуэдэу дэтхэнэми ди гумрэ ди псэмрэ къехуэбылIэ – псори АНЭ ипкъ дыкъикIащи. Аращ ар махуэщIу щыIэм къащIыхэбелджылыкIри: пкърылъ хуабагъэкIэ, гуапагъэкIэ, IэфIыгъэкIэ, пэжыгъэкIэ.
Анэм и махуэр мы гъэм тохуэ щэкIуэгъуэм и 30-м. Ар ди къэралым зэрыщагъэуврэ илъэс 30-м нэсащ. Iуэхум теухуа унафэ щхьэхуэм УФ-м и Президент Ельцин Борис Iэ тридзауэ щытащ 1998 гъэм икIи, абы къызэрыщыгъэлъэгъуам ипкъ иткIэ, илъэс къэс щэкIуэгъуэм и иужьрей тхьэмахуэ махуэм догъэлъапIэ. Анэм и пщIэр армырами зэрылъагэр, абы хуэдэу псэ хьэлэлрэ бзэ IэфIрэ, гу зэIухарэ Iэ щабэрэ Тхьэшхуэм зрита абы къигъэщIахэм зэрахэмытыр хьэкъщ игъащIэми, итIани, къэрал унафэкIэ ягъэува а махуэщIым иджыри зэ къегъэлъагъуэ жылагъуэм и дэтхэнэ цIыхуми и дежкIэ анэм мыхьэнэуэ иIэр, абы гулъытэ хэха зэрыхуэщIыпхъэми аргуэру гу лъыдегъатэ. Аращ бынхэм я дунейр яхуэзыгъэнэхур, гъащIэр яхуэзыгъэIэфIыр. Апхуэдэу ягъэуващи, Анэм и махуэм и нэщэнэ удз гъэгъауэ къалъытэ «Кърухугу» (е «Щхъуэжьей») фIэщыгъэр зиIэ (урысыбзэм «Незабудкэ») къэкIыгъэ дахэ цIыкIур.
Зэ жыIэгъуэкIэ къыпхуэмыIуэтэным хуэдиз мыхьэнэ инрэ гурыщIэ абрагъуэрэ щIэлъщ «анэ» псалъэм. Бынхэм я нэху, я гъащIэ гъуазэ а цIыхум и псэр абыхэм сыт щыгъуи яхузэIухащ, и щIэблэм папщIэ сыт хуэдэ гугъуехьми пэщIэтыфынущ. Анэм и псалъэхэмрэ IуэхущIафэ нэхъыщхьэхэмри зыхуэгъэпсар и сабийр фIым, дахэм хуэущиинырщ, гъуэгу захуэ тегъэувэнырщ. Анэм хуэдэу зыми зыхищIэфынукъым быным и гукъеуэри гузэвэгъуэри. Анэпсэр дапщэщи хущIокъу ар зэрихъумэным. Абы и гулъытэм, и лъагъуныгъэмрэ лъэкIыныгъэмрэ куэдкIэ елъытащ быным и Iуэхур адэкIэ зэрыхъунур, гъащIэм щигъуэтыну увыпIэр.
Ди анэхэращ тхэлъ хьэл-щэнхэм я нэхъыфIхэр къытхэзылъхьэфыр, ахэращ ди насыпыр зэтеувэнымкIэ гугъу зыкъыддезыгъэхьыр. Аращ адыгэ псалъэжьым «Анэр нэм хуэдэщ» щIыжиIэр. Нэр къэмыплъэмэ, цIыхур хокIыж, нэсу зыхищIэркъым дунейм и фIыгъуэхэм ящыщ куэдым – апхуэдэщ анэ лъагъуныгъэм, IэфIыгъэм, щабагъэм уахуэныкъуэнри. Абы и жьауэм щIэмыт быныр «дыгъэм елыпщI», «жьапщэми хегъащIэ».
Анэхэм яхуэфащэ гулъытэ ягъуэтын папщIэ, ди къэралым щолажьэ социальнэ проект хэхахэр. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри бын зыпIхэм яIэ пщIэм хэзыгъахъуэщ, абыхэм я лъабжьэр мылъкукIэ щIэзыгъэбыдэщ, я къалэнхэр ящызыгъэпсынщIэщ. Абыхэм ящыщщ илъэс 18 ипэкIэ, 2007 гъэм, къыхалъхьауэ Урысей Федерацэм и щIыналъэ псоми ноби шэщIауэ щылажьэ «Анэм и мылъку» къэрал лъэпкъ программэ хэхар. Анэхэм хухах мылъкум, сом мин 250-рэ хъу дэIэпыкъуныгъэу сабий етIуанэ (ещанэ…) зыгъуэт анэм ирату къежьам, хэхъуэ зэпытщ. Мы гъэм ар мэхъу сом мин 690-м щIигъу. А мылъкур зэрыхъунур гъэ къэс щIэрыщIэу къабжыж, къэралым ахъшэр пуд зэрыщыхъум елъытауэ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, 2026 гъэм а мылъкур сом мин 737-м щIигъунущ. Апхуэдэ къэрал дэIэпыкъуныгъэм хэпщIыкIыу ирегъэфIакIуэ щIыналъэхэм щыщыIэ демографие щытыкIэр, сабий зэзыгъэгъуэтыну хуей унагъуэхэри абы нэхъри трегъэгушхуэ.
Апхуэдиз къалэнрэ щIыхьрэ зыпылъ анагъэм къыдэкIуэу, ди бзылъхугъэхэм ящыщ куэдым я къарурэ зэфIэкIрэ ирахьэлIэ ди къэралым, республикэм я зыужьыныгъэр егъэфIэкIуэным, экономикэм и унэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэр къэIэтыным. Дэ ди мащIэкъым зи цIэр фIыкIэ Iуа бзылъхугъэ-политикхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, медицинэм, егъэджэныгъэм, щэнхабзэм, сатум, гъащIэм и нэгъуэщI лъэныкъуэхэми ехъулIэныгъэ лъагэхэр щызыIэрызыгъэхьа цIыхубзхэр. Абыхэм я нэхъыбэр анэ быныфIэщ, анэшхуэ Iумахуэщ.
«Анэ» псалъэ кIэщIым пкърылъ IэфIагъыр гурэ псэкIэ зыхащIэу, бынхэм я пщIэрэ гулъытэ щымыщIэу дунейм куэдрэ Тхьэм тригъэт махуэшхуэр зыхуэунэтIа бзылъхугъэ псори. ЩIэблэмкIэ яIэ хъуэпсапIэхэр нахуапIэ хъууэ, абыхэм я гузэвэгъуэ ямылъагъуу, гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ быным кърату куэдрэ псэуну ди гуапэщ. Анэ уиIэу, абы и псалъэ зэхэпхыу, и нэгу гуапэм уиплъэу, и Iэ щабэхэр къодэхащIэу дунейм утетыныр зыхуэбгъадэ хъун щымыIэ хъугъуэфIыгъуэщ быным дежкIэ. А фIыгъуэм и нэхур иджыри зыхуэблэхэр фахуэсакъ фи анэхэм. Абыхэм папщIэ фыщымысхь псалъэ гуапэрэ дахэрэ, хуэвмыгъэныкъуэ ахэр фи гумащIагърэ хуабагърэ.
«Анэпсэр ар псынэщ… Ар псысэщ», - жиIащ усакIуэ цIэрыIуэм. Бын щапI унагъуэхэм зэи щремыжэщI а псынэпс къабзэр. Сабийуэ дунейм къытехьэри куэдрэ щIредэIу анэм и псысэ IэфIым.