Дыгъэгъазэм и 2, гъубж
ПщылIыгъэр гъэкIуэдыным хущIэкъуным и дунейпсо махуэщ
Урысейм щагъэлъапIэ банк лэжьакIуэм и махуэр
1851 гъэм къалъхуащ къэбэрдей джэгуакIуэ, усакIуэ Агънокъуэ Лашэ.
1913 гъэм къалъхуащ шэрджэс усакIуэ, тхакIуэ, Хэку зауэшхуэм хахуэу зэрыхэтам папщIэ Вагъуэ Плъыжь орденыр, Хэку зауэ орденым и етIуанэ нагъыщэр зыхуагъэфэща Гъуэщокъуэ Хъусин.
1960 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Гуанэ Аскэрбий.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 8 - 9, жэщым градуси 5 - 6 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Зи гъунэгъу зи Iэпэгъум и насыпщ.