Миланэ дигъэгуфIэ зэпытщ![]() Африкэ жыжьэм къикIыу, тхэквондомкIэ (ВТВ – Олимп джэгухэм хыхьэ лIэужьыгъуэмкIэ) УФ-м дунейпсо классымкIэ спортым и мастер Бекъул Миланэ теухуа хъыбар гуапэ аргуэру къытIэрыхьащ. Ар Кением и къалащхьэ Найроби дыгъэгъазэм и 3 - 6-хэм а спорт лIэужьыгъуэмкIэ щекIуэкI, зы ныбжьыр илъэс 21-м щIимыгъуахэм я дунейпсо чемпионатым щытекIуащ. Килограмм 49-рэ зи хъэлъагъэхэм я деж адыгэ пщащэм финалым щыхигъэщIащ Корее Ипщэм и спортсменкэ Ги Ким Хян икIи Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам япэ дыщэ медалыр къыхуихьащ.
Поделиться:
Читать также:
11.07.2026 - 14:46 →
Псынэдахэр япэ итщ, Алътудыр абы къыкIэлъокIуэ
05.07.2026 - 13:26 →
УафэхъуэпскIыу зэщIэлындащ Инал
01.07.2026 - 11:44 →
Спортсмен цIэрыIуэм и щIыхькIэ
29.06.2026 - 13:21 →
Къудей Беслъэн япэщ
28.06.2026 - 13:30 →
ЕхъулIэныгъэхэр яIэу къагъэзэж
| ||





